|
|
Календарь событий
05 ноября 2025
5 ноября, 2025 - 14:49
Си хэкуэгъу лъапIэхэ!
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэмкIэ!
Ди къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIа лIыхъужьыгъэ къэхъукъащIэхэм я фэеплъу ягъэува а махуэшхуэм ди тхыдэм дежкIэ къалэнышхуэ егъэзащIэ, ар и дамыгъэщ зэманымрэ лIакъуэхэмрэ я зэпыщIэныгъэм, Хэкум къулыкъу хуэщIэным епха хабзэхэр къызэрымыланджэм, абы и къэкIуэнумкIэ ди пщэ дэлъ жэуаплыныгъэм.
5 ноября, 2025 - 12:48
Илъэс 25-кIэ узэIэбэкIыжмэ, 2000 гъэм Австралием и Сидней къалэм щекIуэкIа гъэмахуэ Олимпиадэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щытекIуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен, адыгэ щIалэ Къардэн Мурат. Абы щыгъуэ 21-нэ лIэщIыгъуэм дыхыхьауэ арат икIи ди республикэм и тхыдэщIэм щыяпэ дыщэ медалт ар. Куэд щIауэ апхуэдэ ехъулIэныгъэ диIатэкъым икIи арауэ къыщIэкIынщ ар хэIэтыкIауэ щIагъэлъэпIар.
5 ноября, 2025 - 12:45
Жэпуэгъуэм и 6-м редакцэм и хьэщIэщым щызэхэтащ абыхэм я IэдакъэщIэкIхэм дыщытепсэлъыхь хабзэ «Литературэ пщэдджыжь» зыфIэтща зэхуэс. Ар теухуат Гугъуэт Заремэ и усэхэм.
5 ноября, 2025 - 12:42
Адыгэбзэм, адрей бзэ псоми хуэдэу, хамэ псалъэхэр къыхэмыхуэу къэнакъым. Уеблэмэ ахэр бзэм къищтащи, шэч къыщытумыхьэни къэхъункIэ хъунущ. Мы тхыгъэм жылагъуэ лэжьакIуэ, публицист, зэдзэкIакIуэ Хъуажь Фахъри щытхузэпкърех адыгэ ныпым и тхыдэмрэ абы къыдэгъуэгурыкIуа псалъэхэм я мыхьэнэмрэ.
- Адыгей жьабзэм «быракъ», къэбэрдей жьабзэм «бэракъ» жаIэу щызэрахьэ псалъэр зэрымыадыгэбзэр наIуэщ. Абы ипIэкIэ адыгэ псоми ди зэхуэдэу зетхьэр икIи зетхьэн хуейр «нып» псалъэр аращ.
5 ноября, 2025 - 12:37
Мылъку зэгъэзэхуэкIэм пыщIа щIэныгъэр гъуазэ зыхуэхъуа IэщIагъэлIым зэреджэр «экономистщ». Абы и къалэнщ щылажьэ IэнатIэм хэхъуэ-хэщI и лъэныкъуэкIэ и Iуэхухэр зэрыщекIуэкIым кIэлъыплъыныр, улахуэ тыкIэр щызэкIэлъыгъэкIуэныр, нэгъуэщIхэри. Абы зэрехьэ финансист, бухгалтер, налогхэмкIэ IэщIагъэлI, аналитик IэнатIэхэр.
5 ноября, 2025 - 12:34
Театр утыкур гъащIэм и гъуджэу къызолъытэ сэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы екIурэ ещхьу къыщыпхуэгъэлъэгъуэнущ гъащIэм и зэхэлъыкIэр, цIыхухэм я зэхэтыкIэр, дунейм и къекIуэкIыкIэр. А псоми цIыхухэм дерс къыхахыу, я ныкъусаныгъэхэр зыдалъагъужрэ зыханэу щытамэ, хъарзынэ хъунут. Апхуэдэу гъуазэ хъу комедие куэд утыку кърихьащ мы тхыгъэр зытеухуа актер цIэрыIуэм.
5 ноября, 2025 - 12:29
Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм щыIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэр Кърымым и дохутырхэм доIэпыкъу лышхым хуэкIуэж цIыхухъу узыр зэрагъэхъуж Iэмалхэм IэкIуэлъакIуэ хуэхъунымкIэ.
5 ноября, 2025 - 11:54
Политикэ, щIыналъэ зэпэщIэувэныгъэу зауэм хуэкIуэжхэр, щIыуэпсым леишхуэ къытрамыгъэхьэн папщIэ, мардэ гуэрым зэрыщхьэпрымыкIыпхъэр къыщыхэщащ ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм Швейцарием и къалащхьэ Женевэ 2001 гъэм щригъэкIуэкIа зэхыхьэм.
5 ноября, 2025 - 10:36
ЩэкIуэгъуэм и 5, бэрэжьей
♦Урысейм Дзэ тIасхъэщIэхым и махуэр щагъэлъапIэ
♦1867 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, полковник, 1910 - 1917 гъэхэм Налшык округым и унафэщIу щыта Къылышбий СулътIанбэч.
♦1942 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-график Къып Мухьэмэд.
♦1947 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Истамбыл щыIэ Адыгэ Бзылъхугъэ Хасэм и гуащэ Шурдым Гюнсел.
|