|
|
Календарь событий
06 ноября 2025
6 ноября, 2025 - 17:17
Къэралым гулъытэ ин щIалэгъуалэм яхуещI, абыхэм заужьын, я зэфIэкIым хагъэхъуэн, я къэухьым зрагъэубгъун папщIэ. Къэрал къулыкъущIапIэхэм лъэкI къагъанэркъым, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхалъхьэурэ, ахэр утыкум кърашэным теухуауэ.
6 ноября, 2025 - 14:47
Ди хабзэм и фащэ нэхъыфI, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ Iыгъыныр, гъэзэщIэныр. Абы къызэщIеубыдэ цIыхум и щIыхьыр зэримыгъэпудыныр, и щхьэ хуищIыж пщIэр, захуагъэр, пэжыгъэр, укIытэр, щытыкIэр, гулъытэр, нэхъыжьыр гъэлъэпIэныр, бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр, нэгъуэщIыр уи щхьэм пэщIыныр, н.къ.
6 ноября, 2025 - 14:40
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен, адыгэ щIалэ Къардэн Мурат 2000 гъэм Австралием и Сидней къалэм щекIуэкIа гъэмахуэ Олимпиадэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щытекIуауэ щытащ. Абы щыгъуэ 2I-нэ лIэщIыгъуэм дыхыхьауэ арат икIи ди республикэм и тхыдэщIэм щыяпэ дыщэ медалт ар. Куэд щIауэ апхуэдэ ехъулIэныгъэ диIатэкъым икIи арауэ къыщIэкIынщ ар хэIэтыкIауэ щIагъэлъэпIар.
6 ноября, 2025 - 12:26
Нобель саугъэтыр зыт къэпщытакIуэ комиссэр тхьэмахуэ блэкIам зэхэтащ. Махуэкум наIуэ хъуащ ЛитературэмкIэ тыгъэр Венгрием щыщ тхакIуэ Краснохаркаи Ласло зэрыратар.
«Уи фIэщ хъу и тхэкIэ жыжьаплъэм, дунейкъутэж гужьеигъуэм и зэманым гъуазджэм и къарум и инагъыр къызэригъэлъэгъуэфам папщIэ» - а псалъэхэмкIэ къагъэлъэгъуащ илъэс 71-м ит Краснохаркаи Нобель и саугъэтыр хуэфащэу къыщIалъыта щхьэусыгъуэр.
6 ноября, 2025 - 10:01
Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым инджылызыбзэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Дзасэжь Ларисэ адыгэ сабийхэм папщIэ игъэхьэзыр лэжьыгъэ щIэщыгъуэхэр куэдым къыдогъэсэбэп, и бзэгъэпсалъэ-бзэгъэджэгухэм адыгэ анэхэр, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэр, анэдэлъхубзэр зыдж сабийхэри нэхъыжьыIуэхэри къыпэджэж зэпытщ. Бзылъхугъэм и дэтхэнэ лэжьыгъэри цIыкIухэм зэрафIэфIым хуэдэу щхъуэкIэплъыкIэщ, Iущыгъэ яхэлъщ, джэгукIэ Iэмалым йозагъэ, нэхъыщхьэращи, гурыIуэгъуэу гъэпсащ.
Ларисэ бзэ зыбжанэ зэрищIэм Iэмал кърет ахэр зэригъэпщэну.
6 ноября, 2025 - 09:00
ЩэкIуэгъуэм и 6, махуэку
Дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр зауэ щекIуэкIым деж къэмыгъэсэбэпыным и дунейпсо махуэщ.
1857 гъэм къалъхуащ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и дзэ къулыкъущIэ, маршал, зыхъумэжыныгъэмкIэ, хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министру щыта Абыкъу Ахьмэд-пэщэ.
1936 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист ПащIэ Ахьмэд.
|