|
|
Календарь событий
07 ноября 2025
7 ноября, 2025 - 17:00
ХьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ я IэнатIэм щагъэзащIэ проектхэм ахъшэхэр хуэутIыпщынымкIэ щыIэ комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
2025 гъэм жэпуэгъуэм и 6-м Налшык къалэ
№161-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
7 ноября, 2025 - 15:53
Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм и къудамэу КъБР-м щыIэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и щIышылэм – шыщхьэуIум Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр проценти I07-рэ хъуащ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ.
7 ноября, 2025 - 15:21
Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус ПсыфIыпэ (Лазаревск) посёлкэм къухьэпIэ-ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ километр 25-кIэ пэжыжьэщ Ныджэкъуэ-(Нэджыгу, Наджиго) цIэр зезыхьэ къуажэ цIыкIуу Мэкъупс (Макопсе) и тIуащIэм хъуэпсэгъуэу зыдэзыгъэзэгъар.
Къуажэм зэреджэ фIэщыгъэр (бзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ) псалъитIу зэхэухуэнащ: «ныджэ»-рэ «къуэ»-уэ.
Жылэр здэщыт щIыпIэм къыщежьэу псыхъуащхьэхэмкIэ дэзыгъэзей гъуэгуитIым я зым Мэкъупс и жьанэ зэвым удешэ, адрейм шытх мылъагэм адэкIэ къыщыс Псыущхъуэ шапсыгъ къуажэм ухуешэ.
7 ноября, 2025 - 14:56
«Хъийм имыкIын: щIалэгъуалэр – егъэлеиныгъэхэм я зэхуакум» - ар и фIэщыгъэщ шэрихьэт щIэныгъэхэмкIэ доктор Щхьэныкъуэ Анзор «Принт-центр» тедзапIэм къыщыдигъэкIа тхылъым.
7 ноября, 2025 - 14:37
Тайландым и Паттайе къалэм и «Bangla Boxing Stadium» спорт комплексым тай-боксымрэ грэпплингымкIэ щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен Къумахуэ Тимур.
7 ноября, 2025 - 13:33
ТIасхъэщIэх гупым и пашэ сержант Тамбий Владимир 646-нэ фочауэ полкым и штабым ираджащ. Полкым и дзэ Iэтащхьэхэм нэмыщI абы щIэст генерал гуэри. Тамбийм къыжраIащ къалэнышхуэ и пщэм къызэрыдалъхьэр - и гупыр щIыгъуу Днепр зэпрыкIын икIи езыхэм яхуэзанщIэ псы Iуфэм бийм къарууэ щиIэр зыхуэдизыр къащIэу, рацэкIэ къатын зэрыхуейр.
7 ноября, 2025 - 12:26
Адыгэ щэнхабзэм хуэлажьэ, ар зыхъумэ, нэхъри езыгъэфIакIуэ цIыхум фIыщIи щытхъуи хуэфащэщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, иджырей хьэгъуэлIыгъуэхэмрэ махуэшхуэхэмрэ адыгэ хабзэм тету дэзых джэгуакIуэхэр ди куэдщ иджыпсту. Ауэ япэ дыдэу къежьа гупхэм ящыщщ Къуныжь Маринэ зи унафэщI «ДжэгуакIуэ» IуэхущIапIэр.
7 ноября, 2025 - 12:00
ЩэкIуэгъуэм и 7, мэрем
1917 гъэм Урысейм щекIуэкIащ Жэпуэгъуэ революцэшхуэр.
1928 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьэн щыщIидзащ Акъбащ ГЭС-м.
1914 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ ЕхъулIэ Сэфар.
1924 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист ЩоджэнцIыкIу Нурий.
|