Календарь событий

09 ноября 2025

Ди ныбжьыщIэхэр нэхъ лъэщщ

Ставрополь крайм хыхьэ Минводы къалэм и «Минводы ­ЭКСПО» гъэлъэгъуэныгъэ центрым ще­кIуэ­кIащ «Къалэхэм я зэхэуэ. Кавказ» фIэщыгъэр зэрихьэу дзюдомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я командэхэр, гуп къэс цIыху 13 хъууэ, я ныбжькIэ илъэс 15 - 17-м щIимыгъуауэ. 

ЩIалэщIэм и мурадхэр

Унагъуэм илъ зэхущытыкIэр къащIэхъуэ сабийм щапхъэ зэ­рыхуэхъум шэч хэлъкъым. Абы гъэсэныгъэ тэмэм игъуэтын папщIэ лэжьыгъэшхуэ я пщэм къыдохуэ адэ-анэм. ЩыцIы­кIум къыщегъэжьауэ хабзэм, нэмысым, гущIэгъум, гулъытэм хуаущиймэ, гъуэгу захуэ техьэну ущыгугъ хъунущ. 

«Япэ дэIэпыкъуныгъэ»пэхуэщIэр даIыгъ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм, СОБР-м и Кавказ Ищхъэрэ къудамэм я лэжьакIуэхэр, Урысей гвардием и щIыналъэ IэнатIэм и ветеран организацэм и унафэщI, полицэм и полковникыу къулыкъум къыхэкIыжа Хужьокъуэ Руслан сымэ хэтащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыналъэ къудамэмрэ «Урысей Жор Плъыжь» жылагъуэ IуэхущIапIэмрэ къызэрагъэпэща «Япэ дэIэпыкъуныгъэ» урысейпсо проектым.

Гулъытэ зыхуэфащэхэр

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым зэIущIэ гуапэ щызэхэтащ. Зыхуагъэфэщахэм абы щра­тыжащ Арткомитетым игъэува орденыр - «Урысейм лэжьыгъэмкIэ щытхъу щызиIэхэр». 

Зым и уасэм кIэроху, адрейм ейм хохъуэ

Урысей Банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, мы гъэм и фокIадэм республикэм уасэхэм зы проценткIэ щыхэхъуащ. Ар къызыхэкIам и щхьэусыгъуэр ерыскъымрэ хьэпшыпхэмрэ къыщIэзыгъэкI­хэмрэ къезышалIэхэмрэ гъуэгупщIэм, хъумапщIэм, электрокъарум, н.къ. трагъэкIуадэ ахъшэр уасэм зэрыхагъэхьэ­жымрэ языныкъуэ Iуэхутхьэбзэхэм я щIэупщIэм зэры­кIэрыхуамрэщ. 

Бюджетым мылъку халъхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ (МСП) хэт IуэхущIапIэхэм я бжыгъэр мин 23,2-рэ мэхъу нобэкIэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 6,9-кIэ нэхъыбэщ ар.