|
|
Календарь событий
10 ноября 2025
10 ноября, 2025 - 18:23
УнагъуэщIэхэм зыщIагъакъуэ
УнагъуэщIэхэр псэупIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ «УнагъуэщIэ» къэрал программэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр Бахъсэн щIыналъэ администрацэм жыджэру щагъэзащIэ.
Ар хохьэ «ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэмрэ «Урысей Федерацэм и цIыхухэр псэупIэ тыншхэмкIэ къызэгъэпэщынымрэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымрэ» къэрал программэмрэ.
10 ноября, 2025 - 17:02
Медалитху къахь
Грэпплингымрэ грэпплинг-гимкIэ Урысейм и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Мэзкуу областым и Наро-Фоминск къалэм и «Нара» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм медалитху къыщахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм.
И хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым етIуанэ увыпIэр щиубыдащ Мэкъуауэ Ахъмэт. ЕтIуанэ хъуахэщ Балэ Хьэсэнбийрэ Къэрэшей Къантемыррэ. Абыхэм нэмыщI, лIэужьыгъуитIми щыбэна Пэфыф Темырлан хузэфIэкIащ медалитI абыхэм къыщихьын: зы дыжьынрэ домбеякърэ.
10 ноября, 2025 - 16:21
Гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ, дызэрыщыгъуазэщи, уэшхыр мэятэ. АтIэ, сыт ар къыщIешхыр, дэнэ къыздикIыр? Илъэсым и кIуэцIкIэ дунейм плIэ зызредзэкI: дэтхэнэ зыми и мыхьэнэ иIэжщ, къалэн егъэзащIэ. Гъатхэм дунейр мэгъагъэ, гъэмахуэм мэбагъуэ, бжьыхьэм хугъуэфIыгъуэр кърахьэлIэжри, щIымахуэм зегъэпсэху, къаруущIэ щIэлъу аргуэрым гъатхэм къызэщIэгъэгъэн хуэдэу. Уэлбанэрилэр цIыхухэм яфIэфIкъым.
10 ноября, 2025 - 16:00
Кавказ Ищхъэрэм статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым ерыскъыхэкIхэмкIэ и промышленнэ индексыр проценти 102,2-рэ хъуащ. Псом хуэмыдэу хэхъуэ щыIэщ IэфIыкIэмкIэ, тхъуцIынэмкIэ, шэ зэфэмкIэ, шатащхъэмкIэ, кхъуеймрэ кхъуейлъалъэмкIэ, щIакхъуэмрэ щIакхъуэхэкIымкIэ, пхьэщхьэмыщхьэ консервхэмкIэ, IусыпхъэхэмкIэ.
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу псыхэкIыу къыщIагъэкIам и куэдагъым проценти 118,1-кIэ хэхъуащ. Абы хохьэ спиртыр, фадэ лIэужьыгъуэхэр, шагъырыр, псыIэфIыр.
10 ноября, 2025 - 15:57
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Крючков Вячеслав иригъэблагъэри, Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжым «Хабзэхъумэ лэжьыгъэ» программэмкIэ щрагъаджэ студентхэр щыIащ МВД-м и Кинолог центрым.
ЦКС-м и лэжьакIуэхэр тепсэлъыхьащ я лэжьыгъэр зыхуэдэм, хьэхэр ящIыгъуу щIэпхъаджагъэхэр къызэрыщIагъэщым, административнэ хабзэншагъэхэр къызэрызэпаудым, жылагъуэ хабзэр зэрахъумэм.
10 ноября, 2025 - 13:30
Къарзэдж Шырыхъу и къуэ Дыгъужь къуэкIыпIэ адыгэхэм я дзэпщу щытащ, Кавказ зауэм и кIыхьагъкIэ лъэпкъым и шэпэIудзу псэуа адыгэпщхэм ящыщщ. А лIы цIэрыIуэм теухуащ усакIуэ, тхакIуэ Бемырзэ Зураб и тхыгъэр.
Дыгъужь и натIэм Тхьэм иритха хъуамрэ лъэбакъуэу ичамрэ хуэбгъэдэфынущ щыхупIэ дыдэм щхьэщыту ирикIуа цIыхум. Ауэ, нэхъыщхьэри аракъым. АтIэ Дыгъужь и щхьэм и мызакъуэу, и лъэпкъри - Къарзэджхэ я лъэпкъыр - а щыхупIэ Iуфэм зэрыригъэкIуаращ.
10 ноября, 2025 - 12:00
Дуней хъурейр зы IуданэкIэ зэпызыщIэ Интернетым и фIыгъэкIэ умыщIэ куэд къызэрыпщIэм хуэдэ дыдэу, убэлэрыгъыу ущыщыуи къохъу. И щхьэусыгъуэр къыпхуэмыщIэу, укъыщигъэуIэбжьи къыпхуохуэ.
10 ноября, 2025 - 11:51
ЩэкIуэгъуэм и 10, блыщхьэ
Мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ яхуэлажьэ щIэныгъэм и дунейпсо махуэщ
Бухгалтерым и дунейпсо махуэщ
ЩIалэгъуалэм я дунейпсо махуэщ
Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэщ
1741 гъэм Черкасский Алексей (адыгэпщ) Урысейм и канцлеру ягъэуващ.
1926 гъэм къалъхуащ шыхъуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Къалмыкъ Хьэжмурат.
10 ноября, 2025 - 11:49
Дэтхэнэ цIыхуми иIэщ и гумрэ и псэмрэ яфIэфI гукъэкIыжхэр. Ахэр абы гу лъащIэм сакъыу ехъумэ, зэман-зэманкIэрэ и гущIыIум къыдридзеижу. Апхуэдэ и гукъэкIыжхэмкIэ ди газетым и щIэджыкIакIуэхэм нобэ ядогуашэ лъэпкъ щIэныгъэлI цIэрыIуэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ Мамхэгъ Астемыр.
|