Календарь событий

11 ноября 2025

Унэхэр

ГъащIэм лъэныкъуэ куэдкIэ ухэзыгъаплъэ, узыщIэзыгъэгупсысыж тхыгъэхэщ ГъукIэ-Мэремкъул Маринэ и IэдакъэщIэкIхэр. Абыхэм ящыщ зыщ абы и «Унэхэр» новеллэр.

Къуажэ уэрам кIыхьым унэу тетыр пхуэбжынкъым… Бысымхэм хуэдэуи, езыхэри зэщхькъым. Языныкъуэхэр лъагэщ, адрейхэр лъахъшэщ, зым щхьэгъубжэ Iэджэ хэлъщ, адрейр щIыунэм ещхьщ. Унэ зыбжанэм я бжэхэр сыт щыгъуи хьэщIэхэм яхузэIухащ, мыдрейхэр цIыху кIуапIэу щыткъым.

Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь

Тэтэрстаным и Елабугэ къалэм жэпуэгъуэм и 21 - 26-хэм щекIуэкIащ УФ-м тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 30-м щIигъум я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 350-м щIигъу.

Кальяныр тутыным нэхърэ нэхъ щIагъуэкъым

Тутын ефэныр къабыл зыщI яхэту къыщIэкIынкъым зи узыншагъэр къызыфIэIуэхухэм.

Фашизмэм и «напэр»

Мамырыгъэр хъумэным цIыхур къыхузэщIэгъэушэным, жылагъуэ зэхэщIыкIыр унэтIынымрэ блэкIам и дерсхэр къэпщытэжынымрэ ди зэманым мыхьэнэшхуэ иIэ хъуащ.

Дахэ нэщэнэхэр къызытещхэр

Адыгэ гупсысэкIэм къызэрищтэмкIэ, псэущхьэ псори, языныкъуэхэр зэрану къалъытэми, къызыхуигъэщIа Iуэху хэха щыIэщ, дэтхэнэми пщэрылъ пыухыкIа иIэу дунейм къытохьэ. Хэти шынагъуэщ, ауэ зэран хъу псэущхьэ щхьэхуэхэр мыбэгъуэнымкIэ егъэлеяуэ щхьэпэщ. Хэти гурыхьщ, уеплъ пэтми защыбгъэнщIыркъым, уеIусэну икIи зыхэпщIэну ухуейуэ гукъыдэж къыуат. Иужьрей псэущхьэ лIэужьыгъуэхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, хьэндырабгъуэр. УеплъынкIэ гуапэщ, укIэлъыплъынкIэ щIагъуэщ. Адыгэхэм зэрыжаIэмкIэ, гъэмахуэ жэщ псом уэсэпсыр къызэрехым укIэлъыплъыным нэхъ гухэхъуэ щыIэкъым.

ЩIыуэпсым епха гъэщIэгъуэнхэр

ЩIыуэпсым хузэфIокI цIыхур зыхуэныкъуэ псомкIи игъэнщIыну. Абы гъащIэ къегъэщI, деIыгъ, зэтрекъутэж и чэзур къыщысым деж. Пэжщ, цIыхум ехъулIэныгъэшхуэхэр зригъэгъуэтащ щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ, ауэ щIыуэпсым пэщIэтыну, ебэныну хузэфIэкIыркъым. Дэ зыри тхуещIэркъым щIыхъейм, къэбэкъауэм, псыдзэм. ЦIыхур жыжьэ дыдэ Iэбауэ, куэд къихутауэ къыщыхъужми, укъэзыгъэуIэбжьыр щыгъунэжщ дыкъэзыухъуреихь дунейм.

Кувейтым мэлъатэ

Бахъсэн къалэр ягъэдахэ

Псы къабзэм егугъуу

ИщIэм деплъынщ

«Япэм щыIахэр», - псалъитIыр щызэхэпхкIэ, гум гъэщIэгъуэну зеущэху, нобэрей дунейм щумыгъуэтыжыну щапхъэ гуэрым зэрырагъэхъуэпсэнум хуэхьэзыру. «Абыхэм хуэдэ щыIэжкъым», - псалъэухар щызэхэпхкIи, ардыдэр къыпщощI.  

Къэрал псом къыщацIыхуат

ГъащIэр зэрылъапIэр, упсэуну зэрынасыпыр фIы дыдэу ящIэрт Хэку зауэшхуэм хахуэу щызэуа, Лъахэм и щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи псэр зыта кхъухьлъатэзехуэхэм. А гъащIэр фIэIэфIт икIи игъэлъапIэрт лIэн-къэнэну бийм пэщIэта Къуэныкъуей Назири. Дагъэгъэсыныр иухарэ и кхъухьлъатэри ныкъуэкъутэ хъуауэ ар къыщелаи къэхъуащ.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 11, гъубж

♦Энергиер зэгъэзэхуэным и дунейпсо махуэщ

♦Щэхуэным и дунейпсо махуэщ

♦Урысейм щагъэлъапIэ Экономистым и махуэр.

♦Япэ дунейпсо зауэр щиуха махуэщ. Ар екIуэкIащ 1914 гъэм бадзэуэгъуэм и 28-м къыщыщIэдзауэ 1918 гъэм щэкIуэгъуэм и 11 пщIондэ икIи къалъытэ къэрал нэхъыбэ зыхэта зауэхэм ящыщу.

♦1990 гъэм дунейм къытехьащ «Российская газета»-м и япэ къыдэкIыгъуэр.