Календарь событий

12 ноября 2025

Хабзэхъумэхэм я махуэшхуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм и щIыхькIэ. 

IэпэIэсэ

Лъэпкъым къыхокI гупсысэкIэ, IуэхущIафэкIэ, лэжьыгъэкIэ, щIэныгъэкIэ, гъуазджэкIэ абы и пщIэр зыIэтхэр. Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэпсэхэм лъэпкъым и уардагъэр нэхъри зэраIэтым ущогуфIыкI, лъэпкъым, тхыдэм, щэнхабзэм теухуа IуэхущIафэхэр щадэплъагъукIэ. Апхуэдэхэм ящыщщ унагъуэу хамэ къэрал щыпсэу, ди щэнхабзэм и фIыр зыхэзыщIэ, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэм и мыхьэнэр нэсу къызыгурыIуэ бзылъхугъэ Джэдгъэф Маринэ. 

Спорт хъыбархэр

Урысейпсо зэхьэзэхуэм къыщыхожаныкI

«Зэныбжьэгъугъэм и Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу Тольятти къалэм и «Олимп» спорт комплексым щэкIуэгъуэм и 7 - 9-хэм щекIуэкIащ каратэмкIэ 13-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 52-м я спортсмен 2150-рэ, я ныбжькIэ илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ нэхъыжьхэр. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ зэхьэзэхуэм цIыху 29-рэ щыIащ икIи я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм медаль 16 къыщахьащ, абыхэм ящыщу 7-р дыщэу, 7-р дыжьыну, 2-р домбеякъыу. 

Хэку лъагъуныгъэр игъэнэхъапэу

ХамэщI щыпсэуми, адыгэу зызылъытэж псоми я щIасэщ Хэкужьыр. АдыгэщIыр я псэм хэлъу, адыгэ тхыдэр я лъым хэту, я гур мыбыкIэ къеIэу мэпсэу ахэр. Адэжь щIыналъэр зэзыгъэгъуэтыжыфу, тхыдэм и къэгъэшыпIэ задэхэм я зэранкIэ нэхъыжьыфIхэм ипэкIэ яфIэкIуэдауэ щыта лъахэр псэупIэ зыщIыжыфахэм ящыщащ адыгэ еджагъэшхуэ Бэтокъуэ Нияз Мухьэдин и къуэр (1940 - 2014). Абы жиIэжу зэрыщытамкIэ, и гъащIэм щыщу адэжь щIыналъэм зэрыщыпсэужа иужьрей илъэсхэращ и гумрэ и псэмрэ жьы дихуу, псэхугъуэ ягъуэту щекIуэкIар...

Сыт и щхьэусыгъуэр?

Пасэрей дуней лъандэрэ цIэрыIуэу къэгъуэгурыкIуащ убыххэр - абыхэм я цIэ къыхощ пасэрей алыдж тхакIуэхэм къызэранэкIа тхыгъэхэм. Адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ яку дэсащ убыххэр - Сошэ псыхъуэр, Кавказ къуршыщхьэм нэс я лъапсэу. Дызэрыщыгъуазэщи, а лъэпкъищри - адыгэхэри, абхъазхэри, убыххэри лъыкIэ зэблагъэщ, къызытепщIыкIыжар зы лъэпкъщ, зэрыжаIэщи, зы жыгым и къудамэщ щыри. Я тхыдэкIи, я хабзэкIи, я культурэкIи зэрызэщхьэщыкI щыIэкъым щыри, я бзэхэми зы лъабжьэ яIэщ, нобэ къуэпс зырыз пэлъытэ хъуами.

Дыщэ хьэмэ дыжьын?

Абдулкафий Умар Мысырым щыщ щIэныгъэлIщ, динымрэ цIыхубэ гъащIэмрэ зэзыпх ущие хъыбархэр жиIэжрэ къедаIуэхэр фIым хуиунэтIу. ЩIэныгъэлIым и утыку псалъэхэм я зым адыгэхэм я лъэпкъыцIэр къызэрыхэхуар ди гуапэ хъуащ, зи гугъу ищIыр ди лъэпкъ нэщхъеягъуэрауэ щытми. Газэ къалэм леишхуэ щызышэча хьэрыпхэр я Хэкум ирахуа адыгэхэм яригъэщхьу, Абдулкафий ахэр къыхуреджэ пасэрей адыгэхэм ядэплъейуэ, гущIэгъу зыхагъэлъыну. 

Зи псалъэ къытхуэзыгъэна

Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэжэр Пётр къызэралъхурэ щэкIуэгъуэм и 7-м илъэс 90 ирикъуащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм дзэм езыджэ я комиссэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2025 гъэм фокIадэм и 22-м къыдигъэкIа Указ №103-УГ-мкIэ къищтахэм, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 12, бэрэжьей

Пневмонием (тхьэмбыл узым) ебэныным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и ХъумапIэ банкым и лэжьакIуэм и махуэщ
Урысейм шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и IэщIагъэлIым и махуэщ
1472 гъэм
Урысейм и ГербыщIэр - щхьитI зыфIэт бгъэр зытетыр - къащтащ.
1936 гъэм къалъхуащ пианисткэ Iэзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэрсокъуэ Еленэ.