|
|
Календарь событий
14 ноября 2025
14 ноября, 2025 - 14:15
Республикэм и Шэрэдж районыр илъэс 90 зэрырикъум теухуа махуэшхуэ Iуэхухэр щIыналъэм щекIуэкIащ. Абы жыджэру хэтащ КъБР-м щыIэ УФССП-м и Шэрэдж район къудамэм и суд приставхэри.
IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр зэхыхьэ гуапэхэм зэрыхэтам имызакъуэу, лъы ятащ.
14 ноября, 2025 - 12:24
ХадэхэкIхэм я куэдагъыр
Дызэрыт илъэсым жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм, унагъуэхэм зэгъусэу хадэхэкIыу кърахьэлIэжам и куэдагъыр, губгъуэхэм къыщагъэкIамрэ хуабэщхэм щызэщIакъуэжамрэ зэхэту, тонн мин 319,8-рэ хъуащ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм ирихьэлIэу щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 124,8-кIэ нэхъыбэщ ар.
14 ноября, 2025 - 12:17
Шэджэм районым щыIэ «Шэджэм Агро» хуабэщ комплексым мы гъэм етIуанэу къратащ «Роскачество-Органик»-м и сертификатыр. Ар и щыхьэтщ абы къыщагъэкI бэдрэжаным фIагъ лъагэ зэриIэм, «Зеленый эталон» мардэм зэрыхуэкIуэм.
14 ноября, 2025 - 12:05
Адыгэ хабзэр зыми хуэдмыгъадэ ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэщ. Ди япэ итахэм ялъэкIат псэуныгъэм и лъэныкъуэ псори абы къыщалъытэныр, щIэблэхэм ар зэIэпахыу къэгъэгъуэгурыкIуэныр. Мы тхыгъэм щызэхуэтхьэсащ адыгэ хабзэр зищIысым, ар къазэрыщыхъум тетхыхьа зыбжанэм я гупсысэхэр. Псом япэу щапхъэу къэтхьынщ мы Iуэхум ехьэлIауэ МафIэдз Сэрэбий итхыгъар.
14 ноября, 2025 - 12:03
Зауэр зэрекIуэкIым теухуауэ 1944 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м къата хъыбархэм мыпхуэди къыхэхуат: «Онегэ, Ладогэ гуэлхэм я зэхуакум ди зауэлIхэр щебгъэрыкIуэри, Свирь псым и Iуфэм деж бийм и быдапIэр щызэхакъутащ, Iэщэ куэд къытрахащ, сэлэт, офицер мащIэкъым гъэр ящIар, къуажэхэр хуит къащIыжащ».
14 ноября, 2025 - 12:01
Гъунэгъу республикэхэм анэдэлъхубзэр хъумэным епхауэ щапхъэ зытепх хъун куэд щыболъагъу. Осетие Ипщэ республикэм жэпуэгъуэм и 14-м щекIуэкIащ АнэдэлъхубзэмкIэ езыгъаджэхэм я конференц. Курыт школхэми щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрат еджапIэхэми осетиныбзэр щезыгъэджхэр къыщызэхуэсащ Осетие Ипщэм и къэрал университетым.
14 ноября, 2025 - 11:59
Тхыдэ къулей зиIэщ Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэр. Жылэр ТэрчкIэ къиIэпхъукIыу Урыху псым и Iуфэм къызэрытIысрэ илъэси 175-рэ зэрырикъур иджыблагъэ ягъэлъэпIащ. Махуэшхуэм егугъуу зыхуагъэхьэзырат: ихъуреягъкIэ нэм къиплъыхьыр гур хэзыгъахъуэт, дэтхэнэ зы теплъэгъуэми жылэм тхыдэ къулей и щIыбагъ къызэрыдэлъыр хэплъагъуэрти, абы и нобэрей гъащIэр дахэкIэ гъэнщIауэ, и къэкIуэнур фIым ухуэзышэу зэрыщытри зыхыуигъащIэрт. ЦIыхухэм я нэгум гуфIэгъуэр кърихырти, зыр зым хуэгуапэу махуэшхуэм фIыгъуэ къахудэкIуэну зэхъуэхъужхэрт.
14 ноября, 2025 - 11:56
УФ-м и ТхакIуэхэми и Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщIым и къуэдзэ, зэдзэкIакIуэ, радиожурналист Мэремкъул Ларисэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ.
14 ноября, 2025 - 11:20
ЩэкIуэгъуэм и 14, мэрем
♦Фошыгъу узым ебэныным и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и социологхэм я махуэщ
♦1989 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ, зи хэкур залымыгъэкIэ зрагъэбгына лъэпкъхэм лей зэрыкIэлъызэрахьар, ар щIэпхъаджагъэу зэрыщытар къыщыгъэлъэгъуауэ.
♦1914 гъэм къалъхуащ тхакIуэ Къашыргъэ ХьэпащIэ.
|