|
|
Календарь событий
17 ноября 2025
17 ноября, 2025 - 16:14
ДяпэкIэ Тыркум ущыщылэжьэн папщIэ, узыхуеину дэфтэрхэр адэкIэ къакIуэхэрщ: «вид на жительство» жыхуаIэу, пIалъэкIэ хэгъэгум ущыпсэуну хуит узыщI тхылъ, IэщIагъэ щхьэхуэм ирилэжьэным шынагъуэ зэрыпымыщIам и щыхьэт, щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ епхауэ, нэгъуэщI къэралхэм къыщыдаха дэфтэрхэр Тыркум щызекIуэхэм хуэзыгъакIуэ документ, тырку лъэпкъым зэрыщыщым и щыхьэту къэув дэфтэр.
17 ноября, 2025 - 15:12
Къэралыр щытыкIэ гугъум щихуэм деж, абы ис дэтхэнэ унагъуэми цIыхуми ар зыхещIэ. Апхуэдэ лъэхъэнэ хьэлъэт ди Хэкум и дежкIэ Хэку зауэшхуэм и мафIае илъэсхэр. Зауэжьым и бэлыхьхэр, щыщIэныгъэхэр зышэчар зэуапIэ IэнатIэм Iутахэм я закъуэкъым – гъащIэм къапигъэтIылъа лъэпощхьэпо къызэрымыкIуэхэм кIуэцIрыкIащ фронтым и щIыбагъ къыщынахэри. Зауэм зэтрикъута адыгэ унагъуэхэм ящыщщ ди щIэджыкIакIуэ Лыхь Людмилэ къигъэхьа тхыгъэр зытеухуар. Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 80 дэкIами, а зэман ткIийм епха гурыгъузхэр ноби цIыхупсэмрэ цIыхугумрэ ягъэв…
17 ноября, 2025 - 15:11
Мы хъыбарыр къыщыхъуар 20-нэ лIэщIыгъуэм ипэхэрщ. Ар и щыхьэтщ цIыхум и насыпыр и натIэм иту дунейм къызэрытехьэм. И пэжыпIэм теухуауи цIыхухэр зэдауэ зэпыту къогъуэгурыкIуэ, ауэ хъыбарыр пэжмэ, уи щIыфэр зыгъэтхытх къэхъугъэщ.
17 ноября, 2025 - 14:44
Хы ФIыцIэ Iуфэм къыщыщIэдзауэ Шэшэн мэзхэм нэс къызэщIиубыдэу, ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэр Кавказым щыпсэуащ. Адыгэ лъэпкъым и дуней тетыкIэр къэпIуэтэнумэ, «хъугъуэ-фIыгъуэр къызыпыщэщ щэнхабзэ» жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Ар дуней телъыджэт, хамэ къэрал къикIа зыплъыхьакIуэхэм я псэр зыхьэхут. Аращ европей дэфтэрхъумапIэхэм адыгэм теухуауэ тхыгъэ куэд къыщIыщIэнари.
17 ноября, 2025 - 14:09
Пэжым и телъхьэ, лей зытехьэм и щхьэщыжакIуэ, захуагъэр утыкум щызыхэзыгъэкIыф цIыху щыпкъэу и гъащIэр ирихьэкIащ ГубэщIыкI Жантемыр Мухьэмэд и къуэм. Гъуэгуанэ купщIафIэ и щIыбагъ къыдэлъщ Жантемыр, республикэм и IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм пщIэрэ щIыхьрэ иIэу щылэжьащ.
17 ноября, 2025 - 13:07
«Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр дзэ Iуэху хэхам къыщагъэлъэгъуащ» зыфIаща зэхуэс гъэщIэгъуэныр екIуэкIащ «Ди зэкъуэтыныгъэрщ ди къарур зыхэлъыр» Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ форумым къриубыдэу. Абы хуабжьу купщIафIэу къыщыпсэлъащ IэщIагъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, къулыкъущIэхэр, щIалэгъуалэр.
Урысейм ис лъэпкъхэм Хэкур хъумэным хуащIа хэлъхьэныгъэу къэралым и тхыдэ гъуэгуанэм (Урысей Империем, Совет Союзым, Иджырей Урысейм) къыхэщыжхэм траухуат форумым и япэ зэIущIэр.
17 ноября, 2025 - 12:06
КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр, Прохладнэ щIыналъэ администрацэм и унафэщI Ломов Максим сымэ, районым и турист комплексым зегъэужьыным зи мылъку хэзылъхьэ хэрычэтыщIэхэмрэ абы къыхыхьэн мурад зиIэхэмрэ зыхэта зэIущIэ иджыблагъэ екIуэкIащ.
17 ноября, 2025 - 11:29
ЩэкIуэгъуэм и 17, блыщхьэ
Студентхэм я дунейпсо махуэщ
Сабий мылъхуэсхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ уполномоченнэ участковэхэм я махуэр
1920 гъэм Бгырыс АССР-р къызэрагъэпэщащ.
1970 гъэм «Луна-17» автоматическэ станцым Мазэм тригъэуващ езыр-езыру зекIуэ «Луноход-1» аппаратыр.
Дунейм и щытыкIэнур
|