|
|
Календарь событий
20 ноября 2025
20 ноября, 2025 - 16:30
«Урысейр спорт къэралыгъуэщ» фIэщыгъэр зэрихьэу 13-нэ дунейпсо зэхуэс Самарэ къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы хэтащ къэрал 58-м я лIыкIуэу мини 5-м щIигъу.
20 ноября, 2025 - 15:09
Курыт школхэм я класс нэхъыжьхэм щеджэхэр къапэщылъ балигъ гъащIэм хуэгъэхьэзырыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЛэжьакIуэбэ IэщIагъэхэм иужьрей лъэхъэнэм яIэ хъуа щIэупщIэм нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъыщрегъэплъ а Iуэхум. Абы къыхэкIыу класс нэхъыжьхэм щIэс ныбжьыщIэхэм дунейм щызекIуэ IэщIагъэхэм ятеухуа пэщIэдзэ щIэныгъэ егъэгъуэтыпхъэщ, курыт школыр къауха нэужь, лэжьыгъэ яхуэхъунур нэхъ тыншу къыхахыфын папщIэ.
20 ноября, 2025 - 14:09
Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIэщ тхыдэ дэфтэр гъэщIэгъуэнхэр, тхылъхэр, хъыбар зиIэ хьэпшыпхэр, нэгъуэщI куэди щызэхуэхьэса Тхыдэ-лъахэхутэ музей. Музейр Дзэлыкъуэ щIыналъэм и администрацэм и унафэщIу щыта Джатэ Руслъан и жэрдэмкIэ 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 12-м къызэIуахащ. Тхыдэ къулей зиIэ, цIыху щэджащэхэр зи куэд Дзэлыкъуэ щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэр музей уимыIэу зэрыпхуэмыхъумэнур къилъытащ абы. Музейр къызэгъэпэщыным республикэ мылъкуи текIуэдакъым, езы щIыналъэм иIэ Iэмалхэр къигъэсэбэпыжри зэфIигъэуващ. Музейр Дзэлыкъуэкъуажэ дэтщ.
20 ноября, 2025 - 13:00
Политикэ залымыгъэм ихьахэм я фэеплъ махуэм техуэу Омск областым хыхьэ Тарэ районым икIуэда ди лъэпкъэгъухэм - адыгэхэмрэ абазэхэмрэ - я фэеплъым щыIащ ди лэжьэгъу, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист, политикэ зэхэзехуэн ящIа адыгэхэмрэ абазэхэмрэ ятеухуауэ «Забвению не подлежит» тхылъыр къыдэзыгъэкIа Абидокъуэ Люсанэ зыхэта гупыр.
А зекIуэ гъэщIэгъуэным теухуауэ Люсанэ къытхуитхыжа тхыгъэр гъэкIэщIауэ фи пащхьэ идолъхьэ.
20 ноября, 2025 - 12:00
Тэнащ Хьэжымырзэ адыгэ литературэм балигъыу лъэ быдэкIэ къыхэбэкъуа тхакIуэщ. Абы и Iуэтэж зыбжанэ ди газетым къытехуащ, иджыблагъэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыдэ романышхуэми щыгъуазэ фытщIащ. Фи пащхьэ идолъхьэ абы и зы Iуэтэжым щыщ пычыгъуэ.
20 ноября, 2025 - 11:00
Брай Адэлбий и усэхэр зыхуэдэм, абыхэм ящIэлъ гупсысэм, и лирическэ лIыхъужьхэр къызэригъэлъэгъуам тхыгъэ щхьэхуэ триухуауэ щытащ тхакIуэ КIэщт Мухьэз.
«Дэтхэнэ цIыхуми езым и хъуэпсапIэ иIэжщ. Брай Адэлбий и хъуэпсапIэр цIыхур нэщхъеймэ, гушыIэ дахэкIэ ар игъэгуфIэжынырщ, ди нобэм и цIыху гуащIафIэхэр игъэлъэпIэнырщ, игъэпэжэнырщ, усэ сатырхэм иригъэтIасэу, абыхэм я фэеплъыр щIэблэм яхуихъумэнырщ.
20 ноября, 2025 - 10:00
Шал Мухьэмэд и гукъэкIыжхэм зы Iыхьэ яхэтщ а лъэхъэнэм «Ленин гъуэгу» цIэр зезыхьа ди газетыр лъэхъэнэ гугъум зэрыпхыкIам и щыхьэту къэуву.
20 ноября, 2025 - 08:30
ЩэкIуэгъуэм и 20, махуэку
♦Сабийм и дунейпсо махуэщ
♦Сабий дохутырым и дунейпсо махуэщ
♦1942 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Габуние Зинаидэ.
♦1946 гъэм къалъхуащ КъШР-м, АР-м щIыхь зиIэ я журналист, «Къэрэшей-Шэрджэс» КъТРК-м и адыгэ къудамэм и унафэщIу щыта ЩакIуэ Мусалий.
|