|
|
Календарь событий
21 ноября 2025
21 ноября, 2025 - 13:26
УсакIуэ, щIэныгъэлI, зэдзэкIакIуэ КIуащ БетIал Ибрэхьим и къуэр 1920 гъэм щэкIуэгъуэм и 23-м Аруан щIыналъэм хыхьэ Дохъушыкъуей (иджы Старэ Шэрэдж) къуажэм къыщалъхуащ. ПэщIэдзэ еджапIэр 1933 гъэм къиухащ. Псыхуабэ педрабфакыр (1936), иужькIэ а къалэм дэт Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутым бзэмрэ литературэмкIэ, тхыдэмкIэ и факультетитIыр къиухащ (1940). А гъэ дыдэм езым и лъэIукIэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм, Примор крайм и Совгавань щIыналъэм хыхьэ Нельманскэ курыт еджапIэ №2-м кIуэри абы и унафэщIу икIи урысыбзэмкIэ егъэджакIуэу щылэжьащ. Абы щыIэу къэхъеящ Хэку зауэшхуэр.
21 ноября, 2025 - 13:18
2025 гъэм шыщхьэуIум и 23-м щегъэжьауэ республикэм щекIуэкIа «Kinder league» чемпионатым и кIэух зэхьэзэхуэр Налшык къалэм щызэхэтащ. Абы щызэпеуащ КъБР-м и сабий топджэгу командэ нэхъыфIхэм ящыщу 12.
21 ноября, 2025 - 12:52
«Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Бахъсэн районым и Псыхъурей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ унэ щаухуэ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 1,4-рэ хъууэ.
21 ноября, 2025 - 12:49
Совет Союзым и лъэхъэнэм Налшык зыгъэпсэхупIэм щаухуауэ щытащ сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж «Коммунальник» лагерыр. Ар КъБАССР-м псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэтт. Аращ къызытехъукIари абы иIа фIэщыгъэри.
21 ноября, 2025 - 12:44
Лъэпкъым и псэр хъума мэхъу бзэкIэ, тхыдэкIэ, щэнхабзэкIэ. Апхуэдэ Iуэху дахэхэр зылэжь цIыхухэм адыгэпсэ яIэщ. Я адыгэпсэрщ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ гурыфIыгъуэхэмрэ цIыхухэм я деж нэхьэсынымкIэ сэбэп хъури. Адыгэр щэнхабзэкIэ, шыфэлIыфэкIэ, хабзэ-бзыпхъэкIэ, фащэкIэ, щIэныгъэкIэ дунейм къыщацIыху. Лъэпкъым теухуауэ Iуэху дахэхэр зылэжьхэм ящыщщ Мэрем Гукъан. Тхыдэм дехьэх, щIэныгъэкIэ хэлъэт иIэщ, зыпэрыхьэм псэ хелъхьэ. Мэрем Гукъан хуэдэхэм адыгэпсэр яхъумэ гупсысэкIэ, IуэхущIафэкIэ, хьэл-щэнкIэ!
21 ноября, 2025 - 11:01
СИХЬЭ Светланэ
Таурыхъ
Болэт щIалэ бзаджэ цIыкIут, зэуэрейт, икъукIи щхьэщытхъут. Хэт къемышхыдэми къемыущиеми, зикI, а хьэлыр яхузыхинэртэкъым.
Хьэблэм зыгуэрым и щхьэгъубжэ къутами, мэлыIуэр зэIудзарэ мэлыр зэбгрыжами, джэджьей кIуэдами, – хэти ищIэрт ар зи IэщIагъэр. Болэт зэраншурат псори зэхэзыщIыхьыр.
21 ноября, 2025 - 10:25
ЕгъэджакIуэ IэщIагъэр Тхьэр цIыхум къызэрыхуэупсэ фIыгъуэщ. ИпэжыпIэкIэ къапщтэмэ, ар къыхэзыхым и хьэл-щэным щызэхэухуэнащ быдагъэри шыIэныгъэри, ткIиягъри щабагъри, цIыхум дзыхь хуэщIыфынри лъэныкъуэ куэдкIэ гъащIэм щапхъэу щыщытынри. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, абы фIыуэ илъагъун хуейщ сабийхэр, езы гъащIэр. ЦIыху цIэрыIуэм зэрыжиIауэ, зи IэщIагъэмрэ и гъэсэнхэмрэ зэхуэдэу фIыуэ зылъагъу егъэджакIуэращ IэщIагъэлI нэскIэ узэджэнур.
21 ноября, 2025 - 10:21
ЩэкIуэгъуэм и 21, мэрем
♦Телевиденэм и дунейпсо махуэщ
♦Сэлам зэхыным и дунейпсо махуэщ
♦Урысей Федерацэм и налог органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Бухгалтерым и махуэщ
♦1951 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-живописец, УФ-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт Маргъущ Анатолэ.
Дунейм и щытыкIэнур
|