Календарь событий

22 ноября 2025

IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщ

«Къуажэ дохутыр/фельдшер», «Къуажэ егъэджакIуэ», ­«Къуажэм щэнхабзэмкIэ и лэжьакIуэ» къэрал программэхэм я фIыгъэкIэ мы гъэм ди республикэм IэнатIэкIэ къыщызэрагъэпэщащ IэщIагъэлI 40. 

ЩоджэнцIыкIу Алий цIыхубэм я фIыгъуэщ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэлъэпIащ РСФСР-м и Къэрал саугъэт Горький Максим и цIэр зезыхьэм и лауреат, Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь орденыр, ЩIыхь дамыгъэр зыхуагъэ­фэща, адыгэ литературэм и классик, усакIуэ, тхакIуэ цIэ­рыIуэ, егъэджакIуэ, журналист ЩоджэнцIыкIу Алий къы­зэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъур. Пшыхьыр ще­кIуэкIа драмтеатрым адыгэ литературэм и лъабжьэр з­ыгъэтIылъам  и цIэр 1961 гъэм щыщIэ­дзауэ зэрехьэ. 

IэмалыщIэхэр жану къагъэщхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налог къулыкъущIапIэм и ветеранхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ налог къыхэзых органхэр илъэс 35-рэ зэрырикъуамкIэ. 

ЕгъэфIэкIуэным хуэгъэпсауэ

Ди къэралым и щыхьэр Москва КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ щыхуэзащ УФ-м Къызэры-мыкIуэ щытыкIэхэмкIэ и министерствэм (МЧС) и пашэ Куренков Александр. КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ ди щIыналъэм и МЧС IэнатIэр адэкIи егъэфIэкIуэным, ди деж зи нэгу зыщезыгъэужьхэм шынагъуэншагъэ къахузэгъэпэщыным, нэгъуэщI­хэми. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгуухуэхэр къэралым щынэхъыфIхэм хабжэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ «Транспорт тхьэмахуэ 2025» Iуэ­хум хыхьэу Москва щекIуэкI ХIХ дунейпсо зэхуэсымрэ «Урысейм и транспорт» гъэлъэгъуэныгъэмрэ.

Зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ зи тегъэщIапIэ

КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым «стIол хъурей» жыпхъэм иту иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэр трау­хуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэмрэ абыхэм зэрызаужьымрэ.