Календарь событий

24 ноября 2025

УзэлIалIэ къолIэлIэж

КъэкIыгъэхэр 
 
Унэм щыдгъэкI удзхэри щIыбым къыщыкIхэри нэм фIэдахэщ псэм фIэIэфщ. Абыхэм къапих мэ гуакIуэхэр сыт и уасэ?! Дызэрыбауэ хьэуари абыхэм къапкърокI. «Дыкъэзыухъурейхь дунейм тет къэкIыгъэхэм псоми сэбэпынагъ гуэрхэр япкърылъщ, ауэ дэ абыхэм хэтщIыкIыр мащIэщ», - жиIэрт си анэшхуэм. 

Журналистхэм папщIэ чэнджэщхэр

КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэмрэ «КБР-Медиа» ГКУ-мрэ къызэрагъэпэщри, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ япэщIэтыным теухуа зэIущIэ щекIуэкIащ Налшык, ПечатымкIэ унэм. Абы зыкърагъэхьэлIащ республикэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм, «Журналист ныбжьыщIэм и школ» зыфIащам къекIуалIэхэм, газетхэмрэ журналхэмрэ я редакторхэмрэ корреспондентхэмрэ. 

Къуэш нэхъыжьым и Iулыджми къримыгъэкIуэту

Къамыл, шыкIэпшынэ лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурыкIуэ. Пшынэр къыщацIыхуар XIX лIэщIыгъуэм икухэм хуэзэу къагъэлъагъуэ, икIи нэхъ пасэм ар нэхъыбэу зыгъэбзэрабзэу щытар цIыхубзхэрщ. 
Ди зэманым щIалэхэм ар нэхъ я Iэпэгъу хъуащ. А Iуэхум езым и щхьэусыгъуи и фIагъи хэлъыж къыщIэкIынщ. Шэч къызытумыхьэнырщи, ар къэмыIумэ, джэгури мыхъуауэ, гуфIэгъуэри зэхамышауэ къыпщохъу. ЖаIэ хабзэщ: адыгэ пшынэр бзэрабзэмэ, къуалэбзу макъыу зэщIэкIмэ, гуфIэгъуэм цIыхур къыхуреджэ.

Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэ

Налшык, ЩIалэгъуалэм я унэм, щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ фестиваль. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм аспирантхэм, адъюнктхэм, ординаторхэм, ассистент-стажерхэм, студентхэмрэ курсантхэмрэ папщIэ игъэува стипендиехэмкIэ эксперт советым хэтхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм накъыгъэм и 23-м Iэ зыщIидза унафэ №186-РГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

Нарткъалэ къызэщIагъаблэ

КъБР-м и ЩIыналъэ гъуэгу фондым къыхэкIыу Нарткъалэ и уэрамхэр иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъаблэ. 

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 24, блыщхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Административнэ хабзэхэр къызэпызыудхэм егъэщIылIа и кодексым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ я лэжьакIуэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщ къуажэм е цIыху мин 50 иримыкъу щыпсэу къалэм щылэжьэну кIуам (Iэпхъуам) зэ тыгъуэу компенсацэ папщIэу ахъшэ зэрырат Хабзэр къэщтэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 6-м Налшык къалэ
№185-ПП