Календарь событий

27 ноября 2025

КъалэмыщIэ, гупсысэщIэ

Нэгъуей Мухьэб и къуэ Ахьмэд Дыгулыбгъуей къуажэм къыщалъхуащ 1977 гъэм. Абы курыт еджапIэ №2 къиухри, Москва эксперт гуманитар университетым щIэтIысхьащ, юрист-криминалистуи еджащ, иужьым РАНХиГС-м менеджментым щыхуеджащ, КъБКъУ-м магистратурэр къыщиухыжащ.

Спорт хъыбархэр

«Abu Dhabi World Professional Jiu-Jitsu Championship» фIэщыгъэр зэрихьэу бразилхэм я джиу-джитсу спорт лIэужьыгъуэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я къалащхьэ Абу-Даби и «Mubadala Arena» спорт комплексым. Абы щызэпеуащ къэрал куэдым я спортсмен лъэщу 3000-м щIигъу.

«Дыгъу псоми я Iэр паупщIмэ, хэт бгъэлэжьэнур итIанэ?»

Адыгэ усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ урыс литературэм и фIыпIэу къалъытэ куэд зэрадзэкIащ. Апхуэдэу къалъытэрт Зощенкэ Михаили (1895 - 1958). Абы и къалэмыпэм къыщIэкIауэ дунейм къытехьащ тхылъи 130-м щIигъу, абыхэм щызэхуэхьэсащ хъыбар, фельетон, комедие, нэгъуэщI тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд дыдэ. Ахэр щыхьэт тохъуэ тхакIуэр егъэлеяуэ зэрынабдзэгубдзаплъэм, и бзэр зэрыжаным, и псалъэр зэрышэрыуэм, и гурыщIэр зэрыкуум. Щыгъуазэ фыдощI Зощенкэ Михаил къызэринэкIа тхыгъэ кIэщIхэм щыщу Къэрмокъуэ Хьэмид зэридзэкIахэм.

МЭТХЪЭЖ

Тхыдэм и напэкIуэцIхэр

 Адыгэ литературэр джыным и лъэр быдэу щыувар 1950 - 1960 гъэхэрщ. Абы щыгъуэм институтым и лэжьакIуэ Шортэн Аскэрбийрэ Нало Зауррэ Теунэ Хьэчим, Сокъур Мусэрбий, ХьэкIуащэ Андрей сымэ я гъусэу, лъэпкъ литературэм и тхыдэмрэ иджырей литературэм и къекIуэкIыкIэмрэ яджын щIадзат. Лъэпкъ литературэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм епхащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТIымыжь Хьэмыщэ и тхыгъэр.

Нартокъуэ Вячеслав токIуэ

ШахматымкIэ (блицымкIэ) Къэбэрдей-Балъкъэрым и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ цIыхухъухэм я зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Каисса» шахмат клубым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ республикэм и шахматисту 16. Ахэр къыхахащ ипэкIэ къагъэлъэгъуа зэфIэкIхэр къалъытауэ.

Сом мелард 61-м щIигъу

МСП Корпорацэм и нэIэ щIэту лажьэ Лъэпкъ шэсыпIэ системэм и Iэмалхэр къагъэсэбэпу щIэныгъэ-техникэ хуэIухуэщIэхэм хэт хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ я IуэхущIапIэхэм дызэрыт илъэсым и мазибгъум къриубыдэу сом мелард 61-м щIигъу я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпащ.

Я махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ

Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэр Телевиденэм и дунейпсо махуэмк1э  ехъуэхъуащ «1 КъБР»,   «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК телеканалхэм я унафэщIхэм.
IуэхущIапIэм и унафэщIхэм къабгъэдэкIыу ведомствэм и лIыкIуэхэм зи махуэр зыгъэлъапIэхэм фIыщIэ хуащIащ илъэс куэд хъуауэ къазэрыдэлажьэм, я IэщIагъэм зэрыхуэIэижьым икIи хабзэхъумэхэм я лэжьыгъэр нэсу къызэрагъэлъагъуэм папщIэ, щIыхь тхылъхэри иратащ.   

ЦIыхубз хьэрычэтыщIэхэм къахохъуэ

Урысей Федерацэм и иджырей IT-компаниехэмрэ химие продукцэхэр къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэмрэ цIыхубз хьэрычэтыщIэу щылажьэхэм я куэдагъыр процент 50-м нызэрыхьэсащ.

Адыгэгурэ адыгэпсэрэ зиIэ тхак1уэт

Псалъэ шэрыуэхэр, гушыIэ дахэр IэкIуэлъакIуэу, хуэIэзэу къэзыгъэсэбэп тхакIуэхэм ящыщт ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ. Абы ди литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэри, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Абы и тхыгъэхэм лъэпкъ литературэм увып1э щхьэхуэ щаубыд. Шэджыхьэщ1эм и творчествэм теухуащ Жылэтеж Сэлэдин и тхыгъэр.

Бзылъхугъэ адыгэпсэ

Адыгэ щэнхабзэм, гъуазджэм дихьэх, лъэпкъ тхыдэм зылъытэ бзылъхугъэщ Табыхъу - Сэрахъэ Заринэ. И IэщIагъэкIэ имиджмейкерщ, фэилъхьэгъуэхэр екIуу зыгъэщIэращIэ IэпэIэсэщ, торт дахэхэр зыщI бзылъхугъэщ.

Сэрахъэ Аланрэ Заринэрэ адыгэ унагъуэ дахэ зэдаухуащ. Езыхэр лъэпкъ Iуэхум дехьэх, я бынхэри абы щIапIыкI. Заринэ ди университетым юрист IэщIагъэм щыхуеджащ, имиджмейкер IэщIагъэри Москва щызэригъэгъуэтащ. IэпэIэсэнми пщэфIэнми езым зыхуигъэсэжащ, онлайну курс зыбжани къиухащ

ЩIыхуэр зытригъэкIыжащ

КъБР-м щыIэ УФССП-м Шэджэм районым щиIэ къудамэм Iуэху къиIэтащ щIыпIэм щыпсэум алиментхэр егъэпшыныным ехьэлIауэ. И сабийхэр пIынымкIэ адэм къытехуэ къалэныр уэим ищIурэ,   абы щIыхуэу зэтригъэхьат сом мелуан ныкъуэм щIигъу. 
 Суд пристав-гъэзэщIакIуэм сабийхэм я хуитыныгъэр ихъумэу, щIыхуэ зытелъым хуигъэуващ къэралым имыкIыну, гу лъригъэтащ банкхэм щихъумэ ахъшэм зэрыхагъэкIынум.   АрщхьэкIэ,  щIыхуэр зытригъэкIыртэкъым.

Адыгэхэр лъэпкъышхуэхэм хабжащ

УФ-м Лъэпкъ зэхущытыкIэмкIэ советым и зэIущIэ щэкIуэгъуэм и 5-м Мэзкуу щекIуэкIащ. Къэралым и Президент Путин Владимир абы щигъэIуащ 2026 гъэр Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэрыщытынур.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 27, махуэку

♦Урысей Федерацэм и тенджыз Iуфэ лъэсырыкIуэдзэм и махуэщ

♦1946 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Хьэжы Анатолэ.

♦1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м и егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дадэ Суфэдин.

♦1957 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонид.