|
|
Календарь событий
28 ноября 2025
28 ноября, 2025 - 16:25
Тэгъулан Екъуб IуэтэжхэмкIэ фIыщ. Мыри абы къиIуэтэж хъыбархэм ящыщщ.
XIX лIэщIыгъуэм и кIэуххэм адыгэхэр Тыркум къыщыкIуам, Уэсмэным и тетыр СулътIан Абдул Хьэзизти, «Азизие» цIэр абы къытрахауэ фэеплъу фIащат, «Азизиери» адыгэ жыIэкIэу адыгэбзэ акценткIэ Хьэзей хъужат.
28 ноября, 2025 - 15:12
Совет Союзым и ЛIыхъужь, кхъухьлъатэзехуэ Къардэн Къубатий ящыщщ ди щIыналъэр зэрыгушхуэ, абы и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа зауэлIхэм. 1943 гъэм шыщхьэуIум и 24-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ абы къыхуагъэфэщащ а цIэ лъапIэр.
Къардэн Къубатий 1917 гъэм бадзэуэгъуэм и 9-м Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Аушыджэр къуажэм къыщалъхуащ. 1935 гъэм Налшык къалэм и педучилищэр къиухащ. Аруан къуажэм и курыт еджапIэм и егъэджакIуэу, и унафэщIу, КъБАССР-м егъэджэныгъэмкIэ и инспектору лэжьащ.
28 ноября, 2025 - 14:35
2025 гъэм и щIышылэм – фокIадэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гъэшым елэжь и IуэхущIапIэхэм кхъуейрэ кхъуейлъалъэу къыщIагъэкIам и куэдагъым проценти 6,2-кIэ хагъэхъуащ е псори зэхэту тонн мини 3,7-рэ хъууэ.
28 ноября, 2025 - 14:32
Дызэрыт илъэсым и мазипщIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъущI гъуэгухэмкIэ хьэлъэ зэхуэмыдэу тонн мин 500-м нэблагъэ ягъэIэпхъуащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 10,8-кIэ нэхъыбэщ ар.
28 ноября, 2025 - 14:31
2025 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэщышхуэу щаIыгъам и куэдагъым процент 1,5-кIэ къыхэхъуащ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яIам елъытауэ икIи мини 198,1-м ар нызэрыхьэсащ.
28 ноября, 2025 - 12:28
Адрейхэр - гуащэм
Илъэсих хъу Данэ интернет хьэпшып щапIэм и анэм щIыгъуу къыщыхех зэрыджэгу хьэпшыпхэр. Зы гуащэ къыхахащ. Ауэ Данэ къэувыIэркъым: иджы гущэ цIыкIу абы ейуэ, итIанэ гъуэлъыпIэ цIыкIу, итIанэ и щыгъынхэр,… итIанэ…
- Данэ, а къомыр къыпхуэсщэхуфынукъым, зы гуащэ къыпхузощэхури, куэдщ, - жи анэм.
- Сэ зы гуащэращ къысхуэпщэхунур. Адрейхэр псо-о-ори гуащэращ къызыхуэпщэхунур, - къетыж жэуап хъыджэбз цIыкIум.
28 ноября, 2025 - 12:22
УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, зи IэщIагъэм хуэIэижь Мыз Майе ящыщщ зи радионэтынхэр куэдым фIыуэ ялъэгъуахэм.
Мыз (Сыжажэ) Майе Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Сыжажэ Талий ящыщщ жылэм нэхъ пщIэ щызиIахэм. Хэку зауэшхуэми лэжьыгъэми я ветерану, лэжьакIуэжьу, Зеикъуэ колхозым и пхъэщхьэмыщхьэ жыг хадэр IэщIэлъу икIи хъерышхуэ колхозым къахуихьу лэжьащ икIи хуабжьу цIыху жумарту зеикъуэдэсхэм ар ягу къинэжащ. Абы хуэдэ цIыху уигъэлъыхъуэнт, куэд къимыгъэщIами, и цIэфI дунейм къытринащ.
28 ноября, 2025 - 12:20
ЩэкIуэгъуэм и 30-р Анэм и махуэщ
28 ноября, 2025 - 12:12
2025 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ КъБР-м и хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ я IэнатIэхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну налог хэзых къулыкъухэм зыщезыгъэтхахэм Iэмал яIэщ банкхэм къыIаха кредитхэм пэкIуэ ахъшэр илъэс ныкъуэкIэ ямытыну.
28 ноября, 2025 - 12:09
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым дизайнымкIэ и колледжым «Щэнхабзэ щIэинхэр зэгъэпэщыжын» унэтIыныгъэр еджэныгъэм къызэрыхалъхьэрэ илъэс зыбжанэ хъуащ.
28 ноября, 2025 - 12:08
Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, Урысей МВД-м и Управленэ нэхъыщхьэу КИФЩI-м щыIэм я лэжьакIуэхэм къызэпаудащ илъэс 42-рэ зи ныбжь, щIыпIэм щыпсэу Гаджиагаев М.Г. хабзэншагъэкIэ Iэщэрэ абы и пкъыгъуэхэмрэ игъэкIыным зэрыпыщIар.
Зи гугъу тщIыр щаубыдым, абы къытрахащ Калашниковым и автомату 2, ПМ кIэрахъуэ, пIэтIрон 270-м щIигъу, гранатэдзыр зэрагъауэрэ гранатэрэ.
28 ноября, 2025 - 12:05
Хэти щыгъуазэщ илъэс щэщI хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, адыгэбзэр цIыхубэм нэхъ яIурылъу, газетхэм еджэри нэхъыбэу зэрыщытам. «Адыгэ псалъэм» «Ленин гъуэгу» цIэр зэрихьэу щыщыта лъэхъэнэм къэхъуа хъыбар гъэщIэгъуэн дыкъригъэдэIуащ ди лэжьэгъу Шал Мухьэмэд, IэщIагъэм нобэ пэрыт журналистхэр къызэрыщыхъуми тхутепсэлъыхьащ.
28 ноября, 2025 - 12:03
ЩэкIуэгъуэм и 28, мэрем
ГущIэгъу зэхуэщIыным и дунейпсо махуэщ
1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр партизан гупыр Жэмтхьэлэ Ипщэ щыIэ нэмыцэ гарнизоным теуащ, хэщIыныгъэшхуи иратащ.
1926 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару щыта Уэрсей Фаинэ.
1939 гъэм къалъхуащ хормейстер, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Бицу Юрэ.
|