|
|
Календарь событий
30 ноября 2025
30 ноября, 2025 - 15:06
«Фрегат» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Ацкъан Руслан «КIапсэлъэрышэ» зыфIища и тхылъыщIэр. Абы ихуащ усэщIэхэр, новеллэхэр, эссехэр, усакIуэм теухуа тхыгъэхэр.
30 ноября, 2025 - 14:05
КъБР-м щыIэ МЧС-м и лэжьакIуэхэм «Iуэху гуапэ 35-рэ» акцэм хыхьэу лъы ятащ.
30 ноября, 2025 - 13:04
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ фрагъэблагъэ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ IутIыж Борис къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теухуауэ щIыналъэм мы махуэхэм щекIуэкIыну дауэдапщэхэм.
30 ноября, 2025 - 12:01
Ди къэралым щагъэува хабзэфIхэм ящыщщ унагъуэр гъэбыдэныр, абы илъ гуапагъэр, лъагъуныгъэр гъэбэгъуэныр, къэрал, жылагъуэ гулъытэм и мыхьэнэр цIыхум зыхегъэщIэныр зи къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ махуэщI зыбжанэ махуэгъэпсым къызэрыщыгъэлъэгъуар. А махуэщIхэм яхэткъым Анэм и махуэм хуэдэу дэтхэнэми ди гумрэ ди псэмрэ къехуэбылIэ - псори АНЭ ипкъ дыкъикIащи. Аращ ар махуэщIу щыIэм къащIыхэбелджылыкIри: пкърылъ хуабагъэкIэ, гуапагъэкIэ, IэфIыгъэкIэ, пэжыгъэкIэ.
30 ноября, 2025 - 10:59
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ бынунагъуэшхуэхэм ящыщщ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ Каменномост (Къармэхьэблэ) жылэ цIэрыIуэм щыпсэухэу Кхъуэщэхэ Малилрэ Джульеттэрэ ейр. Адыгэ хабзэрэ нэмысрэ зэрылъ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, лъагъуныгъэрэ гулъытэрэ щыкуэд адыгэ унагъуэ дахэм Тхьэшхуэр къазэрыхуэупса фIыгъуэхэм ящыщщ я бын дыгъэхэр: щIалитхумрэ хъыджэбзихымрэ. Нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэ жыхуаIэм хуэдэщ ахэр: гъэсэныгъэ дахэ яхэлъщ, Iэдэбщ, нэхъыжьхэм яхуэжыIэщIэщ, зыхэт гупхэм яхозагъэ, еджэнми зэрехъулIэным хущIокъу.
|