Календарь событий

01 декабря 2025

Дэтхэнэ зыри и узыншагъэм кIэлъыплъыжыпхъэщ

Дыгъэгъазэм и 1-р СПИД-м ебэныным и дунейпсо махуэщ 

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 1, блыщхьэ

СПИД узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
Хоккейм и урысейпсо махуэщ
1933 гъэм
Москва Литературэ институт къыщызэIуахащ.
2001 гъэм «Урысей зэкъуэт» партыр къызэрагъэпэщащ.
1933 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессору щыта КIэш Антонинэ.
1934 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Сосмакъ Валетинэ.

ЛIы щыпкъэм и фэеплъу

КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, кинорежиссёр, сценарист, продюсер, композитор, цIэрыIуэу щыта Къандур Мухьэдин и гъащIэм, лэжьыгъэм, лъэпкъым къыхуигъэна щIэиным теухуа лекцэхэр, мастер - классхэр, «Iэнэ хъурейхэр», пресс-конференцэхэр, тхакIуэ цIэрыIуэм и цIэкIэ екIуэкIа дунейпсо литературэ зэпеуэм щытекIуахэр щагъэфIэж пшыхь иджыблагъэ Сочэ щекIуэкIащ.

Мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхугъуэфIхэр

Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я фэеплъхэу Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ, ХьэтIохъущыкъуей, Кременчуг-Константиновскэ жылэхэм дэтхэр 2026 гъэм зыхуей хуагъэзэнущ. Ахэр къагъэщIэрэщIэжынущ икIи Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щебгъэкIуэкI хъун хуэдэу, здэщыт щIыпIэхэр нэхъ Iэхуитлъэхуит ящIынущ.

Псалъэ бутIыпщам аркъэн кIэлъумыдзыж

Адыгэхэм я Iущагърэ дуней еплъыкIэрэ къызыхэщщ псалъэжьхэр. Ахэр гъэщIэгъуэн зыщIхэм ящыщу къэбгъэлъагъуэ хъуну къыщIэкIынщ щIагъыбзэ щIалъхьэу зэрыщытар. Гупсысэшхуэ зыхэлъ псалъэжьхэм ноби щIэблэр ирибгъэсэну уасэ зимыIэщ. Ди зэманым абыхэм куууэ щолэжь Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым. Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, адыгэ IуэрыIуатэмкIэ щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Гъут Ланэ псалъэжьхэм теухуауэ иригъэкIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэщ нобэ фызыщыдгъэгъуазэр. Абы псалъэжьхэр къещтэри, лъэпкъ гупсысэр, и купщIэр наIуэ къещI. 

Биткаш Давид зэкIэ етIуанэщ

Японием и къалащхьэ Токио щэкIуэгъуэм и 22 - 23-хэм щекIуэкIащ киокусинкаймкIэ дунейпсо чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ къэрал 41-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 850-рэ. 

ЕгъэджакIуэ, гъэсакIуэ, щIэныгъэм и цIыху

«ЦIыху узыщI щIэныгъэ» - апхуэдэ фIэщыгъэщ иритар и адыгэ тхыдэдж цIэрыIуэ Нало Евгение и гукъэкIыжхэр, абы хужаIахэр, псэуху ишэча бэлыхьхэр гъуджэм ещхьу къызэрыщ дэфтэрхэр щызэхуихьэсыжа тхылъым Мэрзей Аслъэнбэч. 2018 гъэм къыдэкIа а тхылъыр напэкIуэцI 700-м щIегъу, «сыкъеджащ» жыпIа нэужькIи, щIэрыщIэу къыщIумыдзэжу мыхъуу.