Календарь событий

03 декабря 2025

Спорт зэпеуэхэр

Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэш Алий и фэеплъу панкратионымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Мейкъуапэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм я спортсмен 700-м нэблагъэ.

КъыхэжаныкIахэр ягъэлъапIэ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ и колледжым щекIуэкIащ щIалэгъуалэм я щIэныгъэ-практикэ конференц. Ар теухуауэ щытащ Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъумрэ иджырей лIыхъужьхэмрэ.

Ныпыр напэщ

«Адыгэбзэм «бэракъ» жаIэу щызэрахьэ псалъэр зэрымыадыгэбзэр наIуэщ. Абы ипIэкIэ адыгэ псоми ди зэхуэдэу зетхьэр икIи зетхьэн хуейр «нып» псалъэр аращ», - псалъэхэмкIэ кърегъажьэ, адыгэ ныпым теухуауэ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Хъуажь Фахъри и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэшхуэр. Къэхутэныгъэшхуэ езыгъэкIуэкIа, гупсысэ щхьэпэхэмкIэ гъэнщIа а тхыгъэр гъэкIэщIауэ фи пащхьэ идолъхьэ.

Зи хэку зыгъуэтыжа Нарт

ХамэщIым къыщыхъуа адыгэ цIыхум и гум Хэкур илъмэ, адэжь щIыналъэм и джэ макъыр зыхищIэмэ, ди тхыдэ гуузыр сыт щIыгъуи щIыгъумэ, анэдэлъхубзэр ихъумэмэ – ар лъым и къарущ. Апхуэдэ цIыхухэрщ лъэпкъыр щызыгъэIэри. Адыгэ нэсыр хэкум къекIуэлIэжарэ, щIэбли къыщIэхъуамэ, абы егъэлеяуэ дыщыгуфIыкIын хуейщ, зы адыгэ унагъуэ дахэкIэ лъэпкъыр нэхъыбэ дыхъуащи! Адыгэгу-адыгэпсэхэм ящыщщ Сирием къиIэпхъукIыжауэ мы зэманым Нарткъалэ унагъуэу щыпсэу Шорэ Нарт. Езым зэрихьэ цIэми лъэпкъми хуэфэщэн гупсысэхэр иIэщ абы. 2013 гъэм Хэкум къэIэпхъуэжащ Нарт.

Уанэгум къихуу губгъуэм къина сэлэтыр

Ди къэралым и махуэгъэпсым къыхэгъэбелджылыкIа махуэщIхэм ящыщу дыгъэгъазэм и пэщIэдзэм ягъэлъапIэ Сэлэт мыцIыхум и махуэр абы зэрыхагъэувэрэ апхуэдэуи куэд дыдэ щIакъым. Мамыр псэукIэм, Хэкур бийм щыхъумэным зи гъащIэр щIэзытахэм ящыщу зи цIэр ноби хэIущIыIу мыхъужа совет, урысей сэлэт мыцIыху минхэм яхэлъа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ ноби зэрыуахътыншэр, абыхэм я фэеплъхэм щIыхь хэха зэрыхуэфащэр зи мурад нэхъыщхьэ а махуэм къэрал мыхьэнэ зэригъуэтрэ мы гъэм илъэси 12 ирикъуу аращ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

2025 гъэм и мазибгъум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и отчетым и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2026 гъэм, 2027, 2028 гъэхэм ятещIыхьа и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм щIэныгъэмрэ инновацэхэмкIэ IэнатIэм хэт щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм папщIэ игъэува стипендиехэр тыныр зи нэIэ щIэт эксперт советым хэтхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м Iэ зыщIидза унафэ №158-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 3, бэрэжьей

♦Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэщ

♦Компьютер графикэм и дунейпсо махуэщ

♦Пестицидхэр къагъэсэбэпу мыдэным и дунейпсо махуэщ

♦Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ Юристым и махуэр

♦Зи Хэкур зыхъумэжурэ хэкIуэда Сэлэт МыцIыхум и махуэщ

♦1933 гъэм къалъхуащ географие щIэныгъэхэмкIэ доктор, Дамаск къэрал университетым и профессор Абдул-Сэлам Адыл.