|
|
Календарь событий
04 декабря 2025
4 декабря, 2025 - 17:01
ДыщэкI Мурат и дыщэ медалыр

Саратов къалэм щекIуэкIащ дуней псом универсальнэ зэзауэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ къэрал 32-м я спортсмен 1000-м щIигъу.
Гупхэм я зэхьэзэхуэм УФ-м и командэм япэ увыпIэр къыщихьащ. Къэзахъстаным и спортсменхэр етIуанэ хъуащ, Абхъазым и лIыкIуэхэр ещанэщ.
4 декабря, 2025 - 16:20
Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьокъуэ Русланрэ щыIащ я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я анэхэм я деж.
Росгвардейцхэм цIыхубзхэм IэщIалъхьащ удз гъэгъахэмрэ тыгъэхэмрэ. ФIыщIэ хуащIащ къэмыдзыхэу зэман гугъухэм зэрыпхыкIыфым папщIэ.
4 декабря, 2025 - 16:00
«Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ Политикэ залымыгъэм ихьахэм я фэеплъ махуэм техуэу Омск областым хыхьэ Тарэ районым икIуэда ди лъэпкъэгъухэм - адыгэхэмрэ абазэхэмрэ - я фэеплъыр яхъумэу, а щIыпIэм зэрыщыIам къытхутопсэлъыхьыж.
4 декабря, 2025 - 15:56
«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щокIуэкI. ЕджапIэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ ди щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм шынагъуэншагъэмкIэ къызэрыгуэкI есэныгъэхэр ябгъэдилъхьэну, щIыпIэ зэгъуэкIхэмрэ къуакIэбгыкIэ пхыдзахэмрэ къыщыхутэмэ, зэрыщызекIуэн хуей щIыкIэхэм щигъэгъуэзэну.
4 декабря, 2025 - 14:53
Заникоевэ Жанетэ Магомед и пхъур Налшык суд районым и суд участкэ №7-м и зэзыгъэкIуж хеящIэм и къулыкъум гъэувыным теухуауэ
«Урысей Федерацэм щыIэ зэзыгъэкIуж хеящIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №188- ФЗ-уэ 1998 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м къыдэкIам и 6-нэ, 7-нэ статьяхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 100 статьям и 1-нэ Iыхьэм и «х» пунктым япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
4 декабря, 2025 - 13:03
Дызэрыт илъэсым и мазипщIым къриубыдэу «Россети Кавказ Ищхъэрэ» - «Къэббалъкъэнерго» IуэхущIапIэм электрокъарууэ фIэкIуэдым и куэдагъыр процент 18,51-м нэсыху ягъэмэщIащ. Псори зэхэту мы гъэм абыкIэ ятелъа планым нэхърэ процент 1,04-кIэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ процент 0,83-кIэ ар нэхъ мащIэщ.
2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм ебгъапщэмэ, мы гъэм ехъулIэныгъэфIхэр къагъэлъэгъуащ Налшык къалэмрэ Шэджэм къудамэмрэ: электрокъарууэ яфIэкIуэдым и куэдагъыр, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къэгъэлъэгъуауэ, процент 0,82-кIэ, процент 0,24-кIэ ягъэмэщIащ.
4 декабря, 2025 - 12:49
Тхэн IэщIагъэр пасэу къыхэзыха, абы хуэпэжу зи гъащIэ псор зыхьа Теунэ Хьэчим псэуху и лъэпкъым хуэлэжьащ, къэбэрдей литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм, ар ехъулIэныгъэ телъыджэхэм хуэзышахэм ящыщ зыуэ щытащ. Абы теухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Андрей и тхыгъэр.
4 декабря, 2025 - 11:18
Псапэ щIэныр цIыхум къыдекIуэкI хьэлыфIхэм ящыщщ. ДэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм, щытыкIэ гугъу къихутам зыщIэбгъэкъуныр Iуэху дахэщ икIи щхьэпэщ. Псапэ щIэным лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIа, ныбжь зэхуэмыдэхэм ит, IэщIагъэ зэмыщхь зиIэ пэрыт цIыхухэр зэкъуегъэувэ, апхуэдэуи а Iуэхум наIуэ къещI цIыхугъэмрэ гуапагъэмрэ зэрыуасэншэр.
4 декабря, 2025 - 09:58
Иужьрей илъэс зытхухым Судан къэралым щызэпэщIэуващ унафэр зыIэщIэлъ правительствэм и дзэмрэ ардыдэм къыгуэкIыкIа, къару щхьэхуэ зэзыгъэгъуэта ИкIэщIыпIэкIэ Унафэ Къэзыщтэхэмрэ. Иужьрейхэм Эл-Фашир жыхуаIэ къалэр иджыблагъэ яубыдащ.
4 декабря, 2025 - 08:52
Дыгъэгъазэм и 4, махуэку
Информатикэм и махуэщ
1707 гъэм Урысейм щыяпэу Москва къыщызэIуахащ узыншагъэм щыкIэлъыплъ къэрал IуэхущIапIэ (иджыпсту ар Бурденкэ Н. Н. и цIэр зезыхьэ дзэ клиникэ сымаджэщ нэхъыщхьэщ).
1946 гъэм Москва щызэпкъралъхьащ «Москвич-400» лIэужьыгъуэм и япэ автомобилыр.
1907 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист Ало ЛутIэ.
|