|
|
Календарь событий
05 декабря 2025
5 декабря, 2025 - 16:31
Илъэси 100 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, Налшык къалэ и щIыуэпсыр зыхуэбгъэдэн щымыIэу сэбэпу щытащ. 1922 гъэм Налшык къалэм и ГъэзэщIакIуэ комитетым къыдигъэкIат «Кабардинская автономная область: к 1-й годовщине автономии» зыфIаща тхылъыр. А тхылъым итащ «Налшыкыпсым и сэбэпынагъыр» жыхуиIэ, Никольская Александрэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэр. КъызэрыщIэкIамкIи, тхыгъэр Къалмыкъ БетIал и унафэкIэ ягъэхьэзырауэ арат.
5 декабря, 2025 - 16:00
Тыркум и Истамбыл къалэм и «Бешикташ» спорт клубыр къызэзыгъэпэща убых щIалэ Шаплъы Уэсмэн (мыбдежым адыгэ тхыкIэм, жыIэкIэм къыдогъэтIасэ щIалэм и цIэ-унэцIэр, щыуагъэ хэлъынкIи зыхуэIуа щыIэкъым) и гъащIэмрэ и дунеймрэ гъэщIэгъуэну екIуэкIащ.
5 декабря, 2025 - 15:42
ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрихьрэ илъэс 80 зэрырикъум ехьэлIауэ КъШР-м щекIуэкI Iуэхухэм ящыщ зы хъуащ адыгэхэм Сыбырым щрагъэкIуэкIа фэеплъ зэхыхьэр. Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къыбгъэдэкIыу тхыдэ фэеплъыр хъумэныр зи пщэрылъу гъуэгу техьа гупым хэтахэу УФ-м и Къэрал Думэм и депутатым и дэIэпыкъуэгъу, абазэ лъэпкъым и Нэхъыжьхэм я советым хэт Быж Исмел, Къубинэ къуажэм щыщ Болэтхэ я нэхъыжь Абдулхьэмэт, абы и щIалэхэу Азэмэт, Альберт сымэ къыддогуашэ а зекIуэм иIэ мыхьэнэр зыхуэдэмкIэ.
5 декабря, 2025 - 15:30
Дыгъэгъазэм и 5, мэрем
ЩIыгулъым и дунейпсо махуэщ
Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ
1936 гъэм СССР-м и етIуанэ Конституцэр къащтащ. Ар тхыдэм хыхьащ «Сталиным и Конституцэ» цIэр иIэу.
1936 гъэм КъБАО-р КъБАССР хъуащ.
1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и партизанхэр Лэскэн Езанэм щыIэ нэмыцэ быдапIэм теуащ, хэщIыныгъэшхуи иратащ.
5 декабря, 2025 - 15:00
Адыгэбзэм ирипсалъэхэмрэ иритхэхэмрэ я бжыгъэр зэрыхэщIыр къэгъэнауэ, анэдэлъхубзэм ирилэжьэныр IэщIагъэу къыхэзыххэр ди зэманым куэд мэхъу жыпIэныр дзыхьщIыгъуэджэщ. «Хэт ди ужь къиувэнур?» - а упщIэм жэуап зэрыхуамыгъуэтыр щхьэусыгъуэ яхуэхъури, Адыгэ республикэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм мы гъэм проектыщIэ къыхилъхьащ. Ар «Лъэпкъ журналистикэм и еджапIэ» зыфIаща проектырщ.
5 декабря, 2025 - 14:00
Къэралым и щIыналъи 9-м сом меларди 2-м нэблагъэ хуаутIыпщынущ узыншагъэр хъумэнымкIэ я IуэхущIапIэхэр зэрагъэпэщыжын, фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ Iэмэпсымэхэр къащэхун папщIэ
Мылъкур яIэрыхьэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым, ЛНР-м, Къалмыкъым, Мордовием, апхуэдэу Белгород, Запорожье, Ивановскэ, Курск, Херсон областхэм.
5 декабря, 2025 - 14:00
Дыгъэгъазэм и 3-р ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэщ. Ар 1992 гъэм игъэуващ ООН-м и Генеральнэ Ассамблеем. Абы къэралу щыIэр къыхуриджауэ щытащ а махуэр гъэлъэпIэныр, зи узыншагъэм теухуауэ гукъеуэ зиIэхэм гулъытэ яхуэщIыныр къыдаIыгъыну. 1957 гъэм къащтащ цIыхуу щыIэр псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ зыхуэныкъуэ Iуэхутхьэбзэхэр зэхуэдэу хуащIэным теухуа дэфтэрыр. Абы зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм я хуитыныгъэр ихъумэ хъуащ. 2006 гъэм къащтащ ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэхэм теухуа конвенцэр.
5 декабря, 2025 - 13:30
Зыужьыныгъэм и гъуэгум Урысей къэралыгъуэр тезышар Петр Езанэращ. Аращ къэралыр тенджыз Iуфэхэм япэу Iузышэу тенджыз флот къызэзыгъэпэщар, Санкт-Петербург къалэшхуэр зыухуар, щIэныгъэм и лъабжьэр хэкум щызыгъэбыдар. Мыхьэнэшхуэ иIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академиер (РАН) абы къызэрызэригъэпэщами. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, илъэс 300 ипэкIэ, 1725 гъэм и дыгъэгъазэм и пэщIэдзэм, Петербург щызэхэтауэ щытащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием хэтхэм я япэ зэхыхьэр.
|