Календарь событий

07 декабря 2025

Гур ихузрэ псэр игъэгугъэу

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и пщIантIэм цIы­хушхуэ щызэхуэсат щэкIуэ­гъуэм и 28 пщыхьэщхьэм. Ахэр къезышэлIар ЩоджэнцIыкIур къызэралъхурэ илъэси 125-рэ щрикъум ирихьэлIэу, абы и фэеплъу ягъэува спектаклыр япэу зэрагъэлъагъуэрт. А  Iуэ­хум ипэ къихуэу, Алий и ­фэеплъым  удз гъэгъахэр ­тра­лъ­­хьащ Бобруйск щыIа концлагерым илъэс 84-рэ ипэкIэ щэ­кIуэгъуэм и 29-м усакIуэм и псэр зэ­рыщитар зэращымы­гъупщэм и щыхьэту. 

Хьэтуейм и пелуан

Спортым ехъулIэныгъэфIхэр къы­щызыгъэлъагъуэ щIалэщ Лэс­кэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм щыщ ЩхьэщэмыщI Рэ­мэзан. Мы махуэхэм абы и те­кIуэныгъэхэм къахэхъуащ – Хьэ­рып Эмират Зэгуэтхэм я Эль-­Фуджейрэ къалэм бгырыпх бэнэ­кIэмкIэ щекIуэкIа дунейпсо чем­пионатым бжьыпэр щиубыдащ икIи Урысейм дыщэ медалыр къыхуихьащ. Зэхьэзэхуэм Щхьэ­щэмыщIым наIуэ щищIащ а спорт унэтIыныгъэмкIэ дуней псом зэфIэкI нэхъ лъагэ дыдэ зэ­рыщиIэр.