Календарь событий

08 декабря 2025

IутIыж Борис зэхуешэс

КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ IутIыж Борис Къуней и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ республикэм фэеплъ пшыхьхэр, зэхыхьэ гуапэхэр щекIуэкIащ. 
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыхилъхьа Iуэхугъуэхэм хэтащ къалащхьэм, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щыщ лIыкIуэхэр, IутIыжым и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр, и ныбжьэгъуу, и лэжьэгъуу щытахэр, и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.
Дауэдапщэхэр ирагъэжьащ «IутIыж Борис и дуней» фIэщыгъэм щIэту Лъэпкъ музейм къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэмкIэ.

Мэ дахэм уи гъащIэм хегъахъуэ

Жьы мыхъу зыри щыIэкъым, ауэ цIыхур къэтщтэнщи, нэхъ псынщIэу жьы хъунуми, щIалафэ къытеуэу нэхъыбэрэ щытынуми зэлъытар абы и дуней тетыкIэрщ, и хьэл-щэнырщ. ЦIыхур нэхъыбэрэ псэун, щIэх жьы мыхъуу дунейм тетын щхьэкIэ, еджагъэшхуэхэм IэмалыщIэхэр къалъыхъуэ, ауэ дэри зыкъом тлъэкIынущ абы и лъэныкъуэкIэ. Абыхэм ящыщщ цIыхум мэ гуакIуэ къыщIихьэныр. Мэ гуакIуэхэм яхэтщ цIыхум и Iэпкълъэпкъыр къэзыгъэщIэрэщIэж, и гукъыдэжыр къэзыIэт, и бампIэр, зэгуэпыр щхьэщызых, дэрэжэгъуэ къезыт. Абыхэм я закъуэкъым. Мэ гуакIуэр узыфэ куэдми я хущхъуэщ.

«ЗылI щымыкуэд щIыпIэ щыIэкъым»

КхъуейплъыжькIэрыщIэ хабзэр лъэпкъым и гъащIэм къыхэзыхьэжа адыгэ щIалэ Джэдгъэф Беслъэн зыпэрыт Iуэхур гурэ псэкIэ зыхищIэу зэрыбгъэдэтыр нэрылъагъущ. АбыкIэ, дауи, щапхъэ хуэхъун куэд иIащ, къызыхэкIа лъэпкъым ифI, къыдалъхуа бзэм и дахагъэр ирагъэлъагъуу. 

Зы IэлъэщI лIэужьыгъуэр къызэрыунэхуар

Пхъуантэдэлъ IэлъэщIыр яубзытэри…

Къэблэмэ

Къэблэмэр (компасыр) — щIыпIэм и лъэныкъуэхэр къызэращIэ Iэмэпсымэщ. Абы и пкъыгъуэ нэхъыщхьэр зекIуэ шабзэпэрщ. Мы Iэмэпсымэр хабзэ пыухыкIам тету къагъэсэбэп икIи дэтхэнэ зы цIыхуми къэблэмэм иригъуэзэфу щытын хуейщ.

ЖьэрыIэзэ псори щIэныгъэлIкъым

«Диным тепсэлъыхь псоми Алыхьым пэгъунэгъу уащIыркъым, - щыжеIэ и тхылъыщIэм шэрихьэт щIэныгъэхэмкIэ доктор Щхьэныкъуэ Анзор. - ДинкIэ щхьэрыуэу хъийм икIар, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зи псалъэхэр уи тхьэкIумэм ибгъэхьэ мыхъунур къызэрыпцIыхуну нэщэнэхэр щыIэщ, ар жьакIуэу псалъэу щытми», - етх Щхьэныкъуэ Анзор. ЩIэныгъэлIым нэщэнибл къехь, диным теухуа псалъэ гъэщIэрэщIакIэ укъэзыгъапцIэхэр кърипцIыхуну. 

ЛIыхъужьхэм и махуэр

 Дыгъэгъазэм и 9-р Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэщ. 1917 гъэ пщIондэ ар Георгий щихъым и орденхэр зратахэм я махуэу ягъэлъапIэу щытащ, I769 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм ищIа унафэм тету. А махуэр ягъэлъэпIэныр кърахьэжьэжащ I995 гъэм. ЛIыгъэшхуэ зезыхьахэм, зауэ IэнатIэ Iутахэм папщIэ I849 гъэм Москва и Кремлым  «Георгиевсий зал» жиIэу пэш къыщызэIуахащ. Апхуэдэ лIыхъужьхэм я цIэр дыщэпскIэ блыным щытрадзэу щытащ а пэшым. КIэщIу жыпIэмэ, Георгий щихъым и орден зыхуагъэфэщахэрат абы хатхэр. Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэм  хуэдэу арат ар. 

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 8, блыщхьэ
СурэтыщIым и дунейпсо махуэщ
Урысей казначействэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
1832 гъэм
къызэрагъэпэщащ Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я Штаб Нэхъыщхьэм и Дзэ академиер.
1929 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шэрий Иринэ.
1953 гъэм къалъхуащ Сирием щыщ адыгэ кинорежиссёр, Японием, Иракым, Иорданием щекIуэкIа кинофестивалхэм я саугъэтхэр зыхуагъэфэща Анзор Нэждэт.

Спортым зэрызиужьым и щыхьэтыфIхэр

Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иригушхуэу иджыблагъэ тепсэлъыхьащ бахъсэндэсхэм спортым щаIэ ехъулIэныгъэхэмрэ ахэр зыхэта зэхьэзэхуэхэмрэ.
ЖыпIэнурамэ, Урысейм и Кубокыр самбэмкIэ къэхьыным хуэунэтIауэ щэкIуэгъуэм и 24 - 28-хэм Новгород Ищхъэрэ областым и Кстовэ къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм килограмм 88-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр Абазэ Аслъэн къыщихьащ. ЗэкIурей Къаплъэн ещанэ щыхъуащ килограмм 64-рэ зи хьэлъагъхэм я деж. ЩIалэхэр Щауэ Iэхьед и цIэр зэрихьэу къалэм дэт спорт еджапIэм и гъэсэнщ.