|
|
Календарь событий
09 декабря 2025
9 декабря, 2025 - 17:00
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2026 гъэм автомобиль гъуэгухэр къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжынущ республикэм и щIыпIэ куэдым. Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ къуажэ пхыдзахэми, Налшык къалэм и уэрамхэми, щIыналъэм кIуэцIрыкI, къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэми. Абы къызэщIрагъэубыдэнущ республикэм и гъуэгу сетым хыхьэу объекти I0, псоми зэхэту километр 73-рэ я кIыхьагъыу, лъэмыжитIи абы хэтыжу.
9 декабря, 2025 - 15:25
Европэм нэхъ лъагэ дыдэу щыIэ Iуащхьэмахуэ еплъыну, яджыну Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ щIэныгъэлI куэд, эзотерикхэмрэ биоэнергетикхэмрэ. Абыхэм ар зэрафIэгъэщIэгъуэным хуэдэу, пасэрейхэми пщIэшхуэ хуащIу, хъыбар куэд траIуэтэжу щытащ ди Iуащхьэмахуэ. Псалъэм папщIэ, адыгэм и тхыдэр къебж нартхэмрэ хьэт лъэпкъыжьхэмрэ я лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ. IуэрыIуатэми хьэтхэм къащIэна Iунэтхми мывэм, гъущIым къыхаIукIа теплъэгъуэу къызэранэкIахэр щыхьэт тохъуэ Iуащхьэмахуэ тхьэхэм я псэупIэу зэрыщытам
9 декабря, 2025 - 14:33
Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ Къэшэж Иннэ и IэдакъэщIэкIхэм нэхъ куууэ зыщызгъэгъуэзэн, зэзгъэцIыхун щыщIэздзар 2012 гъэрт, «Мывэхэр щызэхуахьэсыж зэманщ» зыфIаща фэеплъ пшыхьым сыщыIа нэужь. Ар зэхигъэуват а зэманым КъБР-м щэнхабзэмкIэ министру лэжьа Фырэ Руслан.
А зэхыхьэр апхуэдизкIэ цIыхухэм ягу дыхьати, куэдым я лъэIукIэ къытрагъэгъэзэжри ягъэлъэгъуэжат. Пшыхьым екIуу къыщагъэлъэгъуат Къэшэж Иннэ и цIыху щIыкIэри и гуащIэри. Абы и ролыр ягъэзэщIат Къэбэрдей драмэ театрым и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннэрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ.
9 декабря, 2025 - 12:28
ЕзырызекIуэ такси защIэкIэ лажьэ фирмэхэр къэунэхуакIэщ. Апхуэдэхэм я зым машинэ мин 200-м нэс егъэлажьэ. ЦIыхухэм хьэпшып яхуезыгъэхь «Амазон» IуэхущIапIэм робот мин 700 къегъэсэбэп, псэ зыIут лэжьакIуэм нэхърэ нэхъыфIу хьэпшыпхэр зэбгригуэшыкIыу. Китайм я бензин игъэхъуапIэхэм цIыху щылэжьэжыркъым, къалэн псори роботым зэфIегъэкI. Шхын пщэфIыкIэ мелуани 5-м «щIэджыкIа» робот-пщафIэм рестораным къекIуалIэхэр егъэтхъэж.
9 декабря, 2025 - 11:25
Iуэху пщIыр Iуэху мэхъу жыхуаIэращи, Псынабэ курыт еджапIэм къыщызэрагъэпэща Iуэхур купщIафIэ, екIу, хэIэтыкIа хъуащ. «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупымрэ ирагъэблэгъа хьэщIэ лъапIэхэмрэ къуажэ дэлъэдапIэм деж къащыIущIащ адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа шууейхэмрэ пшынауэ бэрэбэнауэхэр зэрыс шыгу зэщIэщIамрэ. Ахэр япэ иту къуажэ зэгъэпэщам и уэрам нэхъыщхьэм тет курыт еджапIэм ирашэлIащ хьэщIэхэр.
9 декабря, 2025 - 10:00
ЩIэблэр бгъэсэнымкIэ сэбэпщ литературэм и Iэмалхэр. Баксанёнкэдэсхэм а Iэмалыр жыджэру къагъэсэбэп: адыгэбзэмкIэ ди тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ ятеухуа пшыхьхэмрэ зэIущIэхэмрэ щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкI. Дауи, абыхэм хэт еджакIуэхэр еджэным нэхъ дехьэх щэнхабзэри литерутарэри щIэщыгъуэ ящохъу.
9 декабря, 2025 - 09:30
Багъ Марьям и гъуэгуанэ тхыгъэхэр гъэнщIащ гукъэкIыжхэмкIэ. Езым и гъащIэм къыщекIуэкIа Iуэхугъуэхэр теплъэгъуэ дахэу итхыжащи, языхэзми дуней щхьэхуэм ухешэ. Тхыгъэхэр кIэщIу, еджэгъуафIэу, гупсысэ ящIэлъу апхуэдэхэщ.
Анэш нанэм и фэеплъ
Анэшыр псоми фIыуэ ялъагъу. Анэшыр IэфIщ. Анэш нани, анэш дади, анэ дэлъхуми, анэ шыпхъуми уагъатхъэ, уагъафIэ. Нэхъ IэфIыр уагъэшх, нэхъ щабэм ущагъэжей, хуабэу къодэхащIэ, уи щхьэфэм Iэ къыдалъэ, уи нэкIущхьэм гуапэу къытолъэщIыхь…
9 декабря, 2025 - 09:00
Дыгъэгъазэм и 9, гъубж
♦ЛъэпкъгъэкIуэд щIэпхъаджагъэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж, геноцидыр мыдэным и дунейпсо махуэщ
♦Iулъхьэ тын-къеIыхыным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм щагъэлъапIэ Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэр
♦Урысейм и гъущI гъуэгу транспортым шынагъуэншагъэм щыкIэлъыплъынымкIэ и IэнатIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
|