|
|
Календарь событий
10 декабря 2025
10 декабря, 2025 - 18:20
«Кавказым и Кубокыр» зендокай каратемкIэ къэхьыным хуэунэтIа урсейпсо зэхьэзэхуэ япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэм и спортсмен 200-м нэблагъэ.
Ди республикэм и командэм щыщу зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Ало Уэсмэн (кг 38-рэ), Кхъуэныхь Дамирлан (кг 50), Чыл Альберт (кг 73-рэ), Бэгъуэт Алан (кг 34-рэ), Чыл Ирнат (34-рэ), Семэн Тимур (кг 120-рэ), Бэгъуэт Марат (кг 90), Хъубий Амир (кг 55-рэ) сымэ.
Зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуахэщ Алъхъэс Залым (66-рэ), КIыщ Ибрэхьим (кг 73-рэ), БищIо Артур (кг 38-рэ) сымэ.
10 декабря, 2025 - 17:13
ЩэкIуэгъуэм и 7-м совет лъэхъэнэм зи цIэр фIыкIэ къыхэщыж Калинин Михаил илъэси I50-рэ ирикъуащ. Абы теухуа гукъэкIыж гъэщIэгъуэн ущрохьэлIэ адыгэ тхыдэдж Нало Евгение Жамырзэ и пхъум и тхылъ «ЦIыху узыщI щIэныгъэ» жыхуиIэм.
10 декабря, 2025 - 16:12
Дыгъэгъазэм и 9-м, Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэм ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм щекIуэкIащ «Эльбрус» дзэ зауэлI гуп зэрызэхашам теухуа зэIущIэ. УФ-м и Президентым и Полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща зэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Iуэхур тхыдэм къыхэна лIыгъэщIапIэхэмрэ иджырей зауэлIхэм я къулыкъу ехьэкIыкIэмрэ зэпызыщIэщ.
10 декабря, 2025 - 16:07
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лIыкIуэхэр есэпымрэ биологиемкIэ егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным теухуауэ Мэзкуу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа щIэнIуатэм и лэжьыгъэм хэтащ. КъБКъУ-м биологиемкIэ, геоэкологиемрэ псэущхьэхэм я лъыщхьэр джынымкIэ и кафедрэм и унафэщI Пэрыт Анзор, и лэжьакIуэхэу Бэгъуэт Залинэрэ Хьэщхъуэжь Дианэрэ зыхэта зэIущIэр зэрыщыту теухуат есэпымрэ биологиемкIэ щIэныгъэм утыку кърихьа къэхутэныгъэхэр еджэныгъэм хэпща, иджырей технологием и мыхьэнэр абдеж къыщыIэта зэрыхъунум.
10 декабря, 2025 - 15:05
Лъэпкъым, Хэкум, тхыдэм теухуа, сабийхэми балигъхэми яхуэгъэза усэ куэд Сонэ Абдулчэрим и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абы и усэхэр зыхуэдэм, я гъэпсыкIэм теухуащ тхакIуэ Хьэх Сэфарбий и тхыгъэр.
10 декабря, 2025 - 14:30
Заседание ФСБ
Урысейм Террорым пэщIэтынымкIэ и лъэпкъ комитетым и Iэтащхьэ, ФСБ-м и унафэщI Бортников А. и унафэм щIэту дыгъэгъазэм и 9-м Москва щызэхэтащ НАК-мрэ ФОШ-мрэ я лэжьыгъэхэм 2025 гъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа, дызыхуэкIуэ илъэсым къапэщыт къалэн нэхъыщхьэхэр щаубзыхуа зэIущIэ, къет Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и сайтым.
10 декабря, 2025 - 14:30
Адыгэ лъэпкъ литературэр зэфIэувэным, абы адэкIи зегъэужьыным я гуащIэ хьэлэл, хэлъхьэныгъэ инхэр хэзылъхьэхэр, ди гуапэ зэрыхъущи, щымащIэкъым ди щIыналъэм. Апхуэдэхэм хуэфащэ дыдэу халъытэ бзылъхугъэ усакIуэ цIэрыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и унафэщI Хьэвжокъуэ Людмилэ Борис и пхъур. Лъэпкъ усыгъэм зи IэужьыфI хэплъагъуэ, абы и щэхухэр къэхутэнымрэ зэрызэхэлъ Iыхьэхэр джынымрэ щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд тезыухуахэм ящыщщ Хьэвжокъуэр.
10 декабря, 2025 - 14:04
Къэрал зыбжанэм, Урысей Федерацэри хэту, мы гъэм епщыкIутIанэу щагъэлъэпIащ ЩIыгулъым и дунейпсо махуэр.
Илъэс 23 ипэкIэ, 2002 гъэм, ЩIыгулъым и зэхэлъыкIэр къэпщытэнымкIэ къэралхэм а я зэгухьэныгъэм ди планетэм тесхэр къыхуриджащ псэукIэ зэIузэпэщ диIэнымкIэ зыхуэдэ щымыIэ къэщIыгъэ телъыджащэу, дунейм и фIыгъуэ нэхъ дызыхуэныкъуэхэм ящыщу къалъытэм нэхъри дыхуэсакъын зэрыхуейм.
10 декабря, 2025 - 13:02
Дунейр гуапагъэм зэтреIыгъэ. Аращ цIыхум и гур фIы зыщIыр, япэкIэ зыгъэкIуатэр, гъащIэм и IэфIыр зыхезыгъащIэр. Гуапагъэрщ псалъэм псэ хэзылъхьэр, махуэхэр щIэщыгъуэ зыщIыр, лэжьыгъэм гукъыдэж хэзылъхьэр, жьыми щIэми ехуэбэкIыр, псэм еIэзэр… Гуапагъэ зыщIэнум Iэмал егъуэт. «ФIым фIы къешэ», «Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуэзэжынщ», «Дахэ и щIагъ дыщэ щIэлъщ», «Дахэр пагэмэ, пуд мэхъу», «Зи бзэ IэфI щынэр мэлитI ящIоф», «Зи бзэ IэфIым блэр гъуэмбым къреш». Мыпхуэдэ псалъэжьхэм урагъэгупсыс гуапагъэм, дахагъэм, фIым. Пэжуи мы дунейр зэтезыIыгъэр гуапагъэрщ.
10 декабря, 2025 - 11:11
Дыгъэгъазэм и 10, бэрэжьей
ЦIыхум и хуитыныгъэхэм я дунейпсо махуэщ
Футболым и дунейпсо махуэщ
Урысей МВД-м связымкIэ и къулыкъур къыщызэрагъэпэща махуэщ
1935 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъыш Нухь.
1936 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Лафыщ Мухьэмэд.
|