|
|
Календарь событий
12 декабря 2025
12 декабря, 2025 - 16:00
Дыгъэгъазэм и 12, мэрем
Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и Iуэхутхьэбзэхэр псоми ялъэIэсыным и дунейпсо махуэщ
Зэныкъуэкъу къэралхэм ящыщу зым и телъхьи мыхъуным и дунейпсо махуэщ
Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэщ
1993 гъэм КъБР-м палатитI хъу и Парламентыр хахащ.
1933 гъэм къалъхуащ юрист, КъБР-м щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ ГубэщIыкI Владимир.
12 декабря, 2025 - 15:30
Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Абрэдж Iэдиб и унафэкIэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къедза щIыпIэр зэIузэпэщ ящIащ.
ЛэжьакIуэхэм псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 330-м щIигъум асфальтыщIэ тралъхьащ, абы и лъабжьэр япэщIыкIэ ягъэбыдэу, ар зэтес хъуа нэужь.
12 декабря, 2025 - 15:30
«Махуэку» къыдэкIыгъуэхэм я зым ди лэжьэгъу Шал Мухьэмэд и гукъэкIыжхэр къытеддзауэ щытащ. ЗэдзэкIакIуэу зэрылажьэм ипкъ иткIэ, зыхуэмыхьэзыр щытыкIэ гъэщIэгъуэн куэдым ихуэу зэрыщытам и зы щапхъэу, Мухьэмэд къытхуиIуэтэжауэ щытащ Ганди Индирэ СССР-м къэкIуауэ къыщыщыпсалъэм, Кулиевым и усэхэр къыхигъэхуауэ зэрыщытар.
12 декабря, 2025 - 13:22
Дунейм щэкI лIэужьыгъуэ куэд дыдэ тетщ. ПлъыфэкIэ, IувагъкIэ, къызыхэщIыкIа теухуакIэ зэщхьэщокI, щхьэж нэхъ и гум Iэпихыр зыIэригъэхьэн папщIэ зыхэдэнухэр щыIэщ. Ауэ щэкI пщIыным гугъуехьхэр пыщIащ. Дауи, псом хуэмыдэу ар гугъут пасэм, щэкIым зэрелэжь Iэмэпсымэхэр, станокхэр къыщамыгупсысам. Чэтэным, данэм, бжьэхуцым я гугъу тщIынщ…
12 декабря, 2025 - 13:00
Дыгъэгъазэм и 9-м ди къэралым щагъэлъапIэ Хэкум и ЛIыхъужьым и махуэр. Бгырыс лъэпкъхэми куэду къытхэкIащ зи къэралым и щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи гъащIэр зытыфыну хьэзыр зауэлI хъыжьэхэр. Апхуэдэхэм я щапхъэ мымащIэу хэтщ ди тхыдэ блэкIам и напэкIуэцIхэм, лIыхъужьхэр щыкуэдщ идыжрей лъэхъэнэми.
12 декабря, 2025 - 12:00
«Мыщэм и махуэ» зыфIащар къыщIэунэхуам щхьэусыгъуэ иIэщ. ЩакIуэхэм, мэзхъумэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ гу зэрылъатауэ, мэзым щыпсэу хьэкIэкхъуэкIэхэм я нэхъ иныр щIымахуэ жей щищIыну и гъуэм щигъуэлъхьэжыр и нэхъыбэм а махуэращ, дыгъэгъазэм и 13-рщ.
Зи зыгъазэ зы мазэ, къызэрыкIмэ - жэрыш
12 декабря, 2025 - 11:00
«Андырхъуей Хъусен» тхылъыр
АДЫГЕЙ. Республикэм и университетым и тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIахэр иджы япэу щигъэлъэгъуэнущ Урысейм и щыхьэр Москва дэт «Гостиный Двор» тхыдэ комплексым дыгъэгъазэм 4 - 7-хэм щекIуэкIыну дунейпсо литературэ жармыкIэм. Абы утыку къыщрахьэнущ сабийхэм папщIэ ягъэхьэзыра «Андырхъуей Хъусен» тхылъ щхъуэкIэплъыкIэр.
|