Спортым ехъулIэныгъэфIхэр къыщызыгъэлъагъуэ щIалэщ Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм щыщ ЩхьэщэмыщI Рэмэзан. Мы махуэхэм абы и текIуэныгъэхэм къахэхъуащ – Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я Эль-Фуджейрэ къалэм бгырыпх бэнэкIэмкIэ щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым бжьыпэр щиубыдащ икIи Урысейм дыщэ медалыр къыхуихьащ. Зэхьэзэхуэм ЩхьэщэмыщIым наIуэ щищIащ а спорт унэтIыныгъэмкIэ дуней псом зэфIэкI нэхъ лъагэ дыдэ зэрыщиIэр.