«Псэуну гъащIэ зыхуэфащэр мыувыIэу кIуэхэр ар къудейщ». КIыщокъуэ Алим и усэ сатырыр сигу къигъэкIыжащ нобэ си хьэщIэ щIалэ нэфIэгуфIэ, зи макъ дахэмкIэ щIыпIэ куэдым къыщацIыхуа, Старэ Шэрэдж къуажэм къыщалъхуа, адрейуэ зыпэрытым къинэмыщIа, гъуазджэм хуэлажьэкIэрэ лъэпкъым и пщIэм зэрыхигъэхъуэным хущIэкъу, Осетие Ищхъэрэ - Аланием щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэзрокъуэ Чэрим.