Календарь событий

12 января 2026

Узыхуэщхьэхыр уи щхьэ къохуэж

 Журт лъэпкъым щхьэкIэ «ИсраIил и бынхэр» жаIэ. И тхьэшынагъымкIэ цIэрыIуэу, гуэныхьым зыщихъумэрэ шыIэныгъэшхуэ хэлъу лIыфI гуэр яхэтт абыхэм. Алыхьталэм деж а духьэшым и пщIэр апхуэдизкIэ щыинти, зыщIэлъэIу псори къыхуищIэрт. Бгыщхьэхэм къыщикIухьу, жэщ псом нэмэз ищIу апхуэдэт ари, Алыхьым абы и унафэм зы пшэ къыщIигъэуват, и ужьым имыкIыу. Щихъыр щыхуейм деж, пшэм псы къыхурикIыхырти, мыдрейм ар ирифырт, зритхьэщIырт. Апхуэдэ защIэу екIуэкIащ лIым и дин лэжьыгъэхэр нэхъ къыфIэмыIуэхуу хъуху.

Тэрчым и спортсменхэр

Тэрч районым и спортсмен цIэрыIуэхэр, спортым япэ лъэбакъуэхэр зычауэ 2025 гъэм дунейпсо, урысейпсо утыкушхуэхэм зэфIэкIыфIхэр къыщызыгъэлъэгъуахэр щIыпIэ администрацэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ.

ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъу

 Нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэр Сталинград и деж щыхагъэщIа иужь, ди дзэхэм IэмалыфIхэр къахукъуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм щебгъэрыкIуэну. Ди щIыналъэм и дежкIэ лъэхъэнэ хьэлъэу щыта а зэманым теухуащ Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я республикэ советым и президиумым, УФ-м и Журналистхэм я союзым хэт Пщыбий СулътIан и тхыгъэр. 

Заужь зэпытщ

МСП Корпорацэм и нэIэ щIэту лажьэ, МСП банкыр къагъэсэбэпу Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хэт я IуэхущIапIэхэм сом мелард 18-м щIигъу я лэжьыгъэм къыхашащ 2025 гъэм. Абы ипэ ита илъэсым и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэщ ар. 
КИФЩI-м и щIыналъэхэм ящыщу щIыхуэу ахъшэ нэхъыбэ къэзыщтар Шэшэн (сом меларди 3,5-рэ), Дагъыстэн (сом меларди 3,3-рэ), Къэбэрдей-Балъкъэр (сом меларди 3-м нэблагъэ) республикэхэм я хьэрычэт IэнатIэ мащIэхэмрэ курытхэмрэ я IуэхущIапIэхэрщ. 

Пекъу Жамболэт и ехъулIэныгъэ

Дыгулыбгъуей къуажэм щыщ Пекъу Жамболэт дохутыр цIэрыIуэщ, ныбжькIэ щIалэ дыдэми. «Нейрохирург нэхъыфI дыдэ-2025» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ абы. ЩIалэр Дыгулыбгъуей къуажэм дэт 2-нэ курыт еджапIэм щIэсурэ, сабий зэчиифIэхэм папщIэ КъБКъУ-м деж щыIэ лицейм щIэтIысхьащ. Ар 2015 гъэм къиухри, Черкесск къалэм щыIэ Кавказ-Ищхъэрэ къэрал академием медицинэмкIэ и къудамэм щеджащ. 

IэнатIэхэм я Iуэху зыIутым зыщегъэгъуазэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ республикэм и Правительствэм хэтхэм икIи зыщигъэгъуэзащ щхьэж и унафэ щIэт IэнатIэхэм хыхьэ IуэхущIапIэхэр зэрызэтеухуа щIыкIэм.

УафэщI жыжьэм щыIэ робот

Марсым и щхьэфэм къыщызыкIухь, и пкъыгъуэхэм ящыщ щызэщIэзыкъуэ Iэмэпсымэ телъыджэу «Къэмыланджэ» (Perseverance, Настойчивость) зыфIащар НАСА–м и IэщIагъэлIхэм зэхагъэувэу уахэм зэрыраутIыпщхьэрэ илъэс еханэр йокIуэкI.
Хьэрш жыжьэм ит уафэщIхэм (планетэхэм) я щIыгур джыным-щIэщыкIыным хуэщIа Iэмэпсымэ (ровер) къызэрымыкIуэр 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 30-м яутIыпщащ икIи, уахэм къыщыпэщылъа гъуэгуанэр мазий хуэдэкIэ къыщызэринэкIа нэужь, Марсым и щхьэфэм куэдыжьу щыпхыгъэмба кумб абрагъуэхэм (кратерхэм) яз Джезеро и уэхым 2021 гъэм мазаем и 18-м щетIысэхащ.

Хэхъуэр нэхъыбэщ

2025 гъэм и щIышылэм - щэкIуэгъуэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр проценти 108,7-рэ хъуащ.

ЗэхъуэкIыныгъэхэм фIыкIэ щыгугъыу

• Егъэджэныгъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфIу Урысейм къыщалъыта», «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфIу Урысейм къыщалъыта», «Илъэсым и IэщIагъэлI нэхъыфI», «Анэдэлъхубзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэр гъэувыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм гъатхэпэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №27-УГ-мрэ а Указым ипкъ иткIэ къащта Положенэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ эвакуацэ комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№207-ПП
2025 гъэм дыгъэгъазэм и 22-м                            Налшык къалэ 

НОБЭ

ЩIышылэм и 12, блыщхьэ

Урысей Федерацэм и Прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэщ
1922 гъэм
Къэрэшей-Шэрджэс АО-р къэунэхуащ.
1916 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РСФСР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Къатхъэн Чэрим.
1948 гъэм къалъхуащ ЩIДАА-м и академик, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэт, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и унафэщI Уэхъутэ Александр.