Календарь событий

15 января 2026

КIуэ пэтми нэхъыбэ дехьэх

Спорт хъыбархэр

   ЕджапIэхэм я мардэхэр

Спортым и лъагапIэ нэхъ ин дыдэхэр къахуэщтэну, Олимп джэгухэм хэтыфыну зэчийхэр зыбгъэдэлъ сабийхэр щагъэхьэзыр еджапIэу 14 Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэщ мы зэманым. Ахэр щыIэщ Налшык, Бахъсэн, Прохладнэ къалэхэмрэ Лэскэн, Тэрч, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэмрэ.

Республикэм и апхуэдэ еджапIэхэм къызэщIаубыдэ спорт лIэужьыгъуэу 22-рэ, сабийуэ абыхэм зыщызыгъасэхэм я бжыгъэр мин 11-м щIегъу, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ тренеру 376-рэ абыхэм ядолажьэ.

Хуэрэджей

Хуэрэджей

Нэгъуей Радимэ

Пщэдджыжь гуэрым нысащIэр аргуэру ирихьэлIащ къудамэ къыгуэщIыкIахэм. ЩтэIэщтаблэу ихъуреягъкIэ зиплъыхьри, зыри илъэгъуакъым. Я гъунэгъумкIэ бжыхьыбгъум Iуту зы хъыджэбз цIыкIу къакIуэрт, и нитIыр къытримыгъэкIыу къудамэ зэхэфыщIахэр къэзыщыпыжым къеплъурэ.

 – Лацэ, еплъыт мыбыхэм зэхащIыхьам. Сыту зэхэщIыкIыншэхэ!

Хъыджэбз цIыкIум и нэгур зэхиуцэрэфа щхьэкIэ, зыри жиIакъым.

– Уэ сыт, Лацэ, зыри щIажумыIар? Яхуэбдэн хуеякъым...

КъарыкIым хэплъэжынри щхьэпэщ

Мыбдежым къыщытхь жыIэгъуэхэмрэ абыхэм къарыкIымрэ къызэрытхыжа тхылъыр, «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» жыхуиIэр, и IэдакъэщIэкIщ анэдэлъхубзэр япэ изыгъэщу зи гъащIэ псор езыхьэкIа, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий.

Дзажэпхъэбгъу – цIыху Iэчлъэч, къаруушхуэ зыхэлъ.

ДзакIуэ-дзашэ – дзэзешэ.

ДзакIуэ пашэ - дзэм ипэ ит пакIэ.

Дзапщэ – дзэм и пэрытхэр.

«Адыгэ цейр сэ схуадами, Кавказ псом къыхуэщхьэпащ»

         Лъэпкъ къэс иIэщ нэгъуэщIым къызэрыщхьэщыкI, и гурыгъу-гурыщIэ къэзыIуатэ фIыгъуэхэр. Апхуэдэ зым и гугъу щытщIынущ мы тхыгъэм – ар ди лъэпкъ фащэращ.  Абы теухуауэ, дауи, жаIари ятхари мащIэкъым. Ауэ, дытепсэлъыхьыхуи, нэхъыбэжрэ и гугъу тщIыну тфIэфIщ.

Фащэр лъэпкъым и набдзэу зэрыщытым, ар ди лъэпкъым лIэщIыгъуэхэм къызэрыпхихам теухуауэ Дунейпсо Артийскэ комитетым и япэ вице-президент Бейтыгъуэн Iэуес жеIэ:

Къуажэ щIыпIэхэр

Сабийхэм я джэгупIэ зэпэщхэр

«Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Псынэдахэ, Май районым и Александровскэ жылэхэм 2026 гъэм сабий джэгупIэхэр къыщызэрагъэпэщынущ.

Псынэдахэ щаухуэнум хэтынущ сабийхэм я джэгупIэ зэхуэмыдэхэр, хъыринэхэр, тетIысхьэпIэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм къадэкIуэу, ихъуреягъкIэ мэз жыг цIыкIухэр, кIейхэр щыхасэнущ, светодиод уэздыгъэхэр щыпадзэнущ.

АдыгэлI щыпкъэм хужаIахэр

    Зи бзэр къулей, зи гупсысэр куу, зи псалъэр щIэщыгъуэ, зи гур зэи мыпыIэ, куэд хузэфIэкIарэ нэхъыбэжым хуэпабгъэ усакIуэ - апхуэдэущ Бицу Анатолэ псоми зэрытцIыхур. Абы щыхьэт тохъуэ и къалэмыпэм къыщIэкIа дэтхэнэ усэри гъа­щIэ гъуэгуанэм къыщи­кIуа дэтхэнэ лъэбакъуэри. АдэкIэ фыщыдогъэгъуазэ цIыху цIэрыIуэхэм Бицум хужаIахэм.

 

Ди каналым фыдогъэблагъэ

 ТхылъымпIэм тет газет-журналхэри, уеблэмэ тхылъхэри, асыхьэтым хьэзыр хъу интернет хъыбархэм псынщIагъкIэ япеуэн хуей зэрыхъуам иджыри зэ гу лъывэдгъатэмэ, хэти акъылэгъу къыддэхъуну дыщогугъ. Сыт-тIэ а Iэмал гъуэзэджэр ди бзэм и къарур хэдгъэхъуэнымкIэ къэдгъэщхьэпэ щIэмыхъур?

КIэщI дыдэу

Я фейдэм хохъуэ

2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым розницэ сатууэ щащIам и куэдагъым, зэкIэ къызэрабжамкIэ, сом мелард 376-рэ къыпэкIуащ е абы ипэ итам илъэсым щыIа бжыгъэхэм проценти 106,3-кIэ хуэкIуэу.

Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу псори зэхэту сом мелард 75,8-рэ и уасэ Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр цIыхухэм хуащIащ. 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процентиблым нэблагъэкIэ нэхъыбэщ ари.

НОБЭ

ЩIышылэм и 15, махуэку

Урысей Федерацэм СледствиемкIэ и комитетыр къыщызэрагъэпэща махуэщ

 Википедием - ИнтернеткIэ къагъэсэбэп щIэнгъуазэм - лэжьэн щыщIидза махуэщ (2001 гъэм)

1890 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, композитор, IуэрыIуатэдж Къубэ Шэбан.

 1906 гъэм къалъхуащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и комиссару щыта, Лениным и цIэр зезыхьэ, Вагъуэ Плъыжь орденхэр зыхуагъэфэща Хьэтыкъуей Iэбубэчыр.