Календарь событий

18 января 2026

Ди щIыпIэцIэхэр

ЩIыпIэцIэхэр джыным илъэс куэдкIэ яужь ита КIуэкIуэ Жэмалдин зэригъэувамкIэ, фIэщыгъэм и япэ Iыхьэр хуэтхь хъунущ хы ФIыцIэ Iуфэм Iуса «гъуае» адыгэ лъэпкъыу натхъуэджхэмрэ шап­сыгъхэмрэ яхэзэрыхьыжам зэреджэу щытам.

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ 2025 - 2026 гъэхэм щекIуэкI щIымахуэ зэхьэзэхуэм ИлъэсыщIэм и пэ махуэхэм щыIэн хуея джэгугъуищым ящыщу тIуращ зэхэтар. Уэсышхуэ къызэресам къыхэкIыу зыр ягъэIэпхъуэн хуей хъуащ. Ар зытехуа ебланэ джэгугъуэр нэхъ иужьыIуэк

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ 2025 - 2026 гъэхэм щекIуэкI щIымахуэ зэхьэзэхуэм ИлъэсыщIэм и пэ махуэхэм щыIэн хуея джэгугъуищым ящыщу тIуращ зэхэтар. Уэсышхуэ къызэресам къыхэкIыу зыр ягъэIэпхъуэн хуей хъуащ. Ар зытехуа ебланэ джэгугъуэр нэхъ иужьыIуэкIэ зэхэтыжынущ.

Кърымыр нэхъапэм

Нобэ Кърыму тцIыху щIыналъэм 8-нэ лIэщIыгъуэм къыщызэрагъэпэщауэ щытащ Константинополь патриархатым и зы къудамэу Гъуэт епархиер. Феодорэ зыфIаща щIыналъэм и члисэ лэжьакIуэхэм яIурылъыр пасэрей герман лъэпкъыжьхэр зэрыпсалъэу щыта бзэрт. ИужьыIуэкIэ, 9-нэ лIэщIыгъуэ­хэм, алыджыбзэр къызэдащтащ. ХытIыгум лъэпкъ куэд щызэхэст, сондэджэр бжыгъэншэхэр къекIуалIэрт, ахэр зэры­зэгурыIуэн зы бзэ яIапхъэти, гъуэтыбзэр къыхахауэ, псоми яIурылът. Арами, а зэман жыжьэм хытIыгум щыIурт адыгэбзэри!

«Унащхьэм» щызэрагъэзахуэхэр

Адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, щэнхабзэр хъу­мэным зи лэжьыгъэр теухуа «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къызэригъэпэща «Сыринэ» ныбжьыщIэ адыгэ театр-студием иджыблагъэ утыку кърихьащ драматург, усакIуэ, «Жан» зэгухьэныгъэм и унафэщI, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ и пьесэм къытращIыкIа «Унащхьэ» спектак-лыр. Ар игъэуващ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и ар-тист, режиссёр Къанкъул Ислъам.
 

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ лъэщхэр

Мы махуэхэм Налшык щекIуэкIащ Къэбрдей-Балъкъэрым дунейпсо шашкэхэмрэ шашкэ псын­щIэ­хэмкIэ и чемпионат. Ар икъукIэ удэзыхьэх хъуащ.

Шашкэ псынщIэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпион хъуащ икIи дыщэ медалыр къыщихьащ Шэджэм районым къикIа МафIэдз Сэхьид. Дыжьыныр лъысащ Псыгуэнсу къуажэм щыщ Дол Барэсбий. Ещанэ увыпIэр иубыдащ налшыкдэс Семенов Сергей. 
Шашкэ псынщIэхэмкIэ (блиц) республикэм и чемпионати екIуэкIащ. Къэбэрдей-Балкъэрым и чемпион хъуащ Аликаев Мухътар. Абы къыкIэлъокIуэ МафIэдз Сэхьид. Домбеякъ медалыр Iэрыхьащ Дол Барэсбий. 
Къэхъун Бэч.