Календарь событий

19 января 2026

Тутыныр зэранщ

Тутынхэр американ индеецхэм я деж къыщежьауэ къалъытэ. Ахэр иджы хуэдэу тутын тхьэмпэхэм кIуэцIышыхьатэкъым, атIэ нартыху е бгъэн тхьэмпэрт къагъэсэбэпыр. 1492 гъэм зыплъыхьакIуэ цIэрыIуэ Колумб Христофор тутыным тетхыхьауэ щытащ япэу. Абы и дневникым иритхат ар зэращI щIыкIэм, къызэрагъэсэбэпым теухуа хэзыгъэгъуазэхэр. 1636 гъэм иджырей тутынхэм хуэдэхэр къэунэхуащ. А зэманым япэ къэрал тутын фабрикэ къыщызэIуахащ Испанием. Фабрикэм тутын къыщыщыщIагъэкIкIэ тутын тхьэмпэ бзыхьэхуэхэр къадэхуэрт.

Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт инфраструктурэм мыхьэнэ ин щызыубыд, къэрал мыхьэнэ зиIэ и автомобиль гъуэгухэм хыхьэ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу трассэр Солдатскэ гъущI гъуэгум деж щыщхьэпрыкI Iыхьэр, метр 224-рэ зи кIыхьагъыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. 

ЩIалэгъуалэм, зэдэуэху, заужь

ЩIыналъэм и щытыкIэр къэпщIэну ухуеймэ, ихъуреягъкIэ зыплъыхь. Пщэдей Хэкум щыпсэуну щIалэгъуалэм я гуращэхэр къыщалъхуа щIыпIэм ирапхмэ, абы насыпыфIэ зэрыщыхъунум шэч къытрамыхьэмэ, псори дэгъуэщ, ущIэгузэвэн щыIэкъым. 

Спорт хъыбархэр

ЕджапIэхэм я мардэхэр

Лъэпкъ узэщIакIуэ

Япэ итахэр

Орел зэрыкIуэнум зыхуагъэхьэзыр

Кавказ Ищхъэрэм армрестлингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Владикавказ къалэм махуищкIэ щекIуэкIащ. 

Чэнджэщ ират

«Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэу, я щхьэ хуэлэжьэжыну налог хэзых IэнатIэхэм зыщезыгъэтхахэу, физлицоуэ мини 3-м щIигъум Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр нэгъабэ щыхуащIащ ди щIыналъэм «Си хьэрычэт IэнатIэ» и центрым. 

ТIэшыбрэ ЛIыныкъуэрэ

Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэ зыдж щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, нобэрей фIэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъуар пасэрей лъэпкъыжьхэм я мифологиерщ. 

ЩхьэлъащIэм и хьэтыркIэ

* Адыгэ хабзэр зыщIэ, зи щхьэ пщIэхуэ зыщIыж дэтхэнэ цIыхухъури мэтэдж цIыхубз къыщыщIыхьэкIэ, къыщыбгъэдыхьэкIэ, щыблэкIкIэ.
* ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ зэгъусэу щытмэ, щысмэ е гъуэгу теувэмэ, цIыхухъум цIыхубзыр и ижьырабгъумкIэ егъэув (егъэтIыс), ауэ и гъусэр и щхьэгъусэмэ, здигъэувыпхъэр (здигъэтIысыпхъэр) сэмэгумкIэщ. АбыкIэ къащIэу щытын хуейщ ахэр зэрызэщхьэгъусэр.
* ЦIыхухъуитI зэщыхьамэ: «ЩхьэлъащIэм и хьэтыркIэ щывгъэт», - жиIэу цIыхубзым и IэлъэщIыр абыхэм яку дидзамэ, зэзэуэну зэпэщIэувахэр зэпикIуэтыжырт.

Пшынэр мыхъуамэ...

Хэку, хамэ къэрал куэдым пшынэм и хэкужьу къагъэлъагъуэр Германиерами, мы Iуэхум иджыри къыздэсым иризодауэ. Адыгэхэм макъамэ Iэмэпсымэр къащыIэрыхьар хуэгъэфэщауэ фIэкIа ящIэркъым. Гребнев А. Ф. зэрыжиIэмкIэ, бгырысхэм пшынэр къацIыхуащ XIX лIэщIыгъуэм и кум, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм урысхэм яжь къащIихуу щыхуежьа зэманым. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и зэзыгъэкIуж хеящIэхэм ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 12-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым ехьэлIауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 

НОБЭ

ЩIышылэм и 19, блыщхьэ

1847 гъэм «Кавказ» газетым тридзащ Адыл-Джэрий СулътIан и «Урыс-шэрджэс е адыгэ псалъалъэ, грамматикэ кIэщI щIыгъуу» тхыгъэр. 
1965 гъэм Май посёлкэр къалэ ящIащ. 
2010 гъэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэр къызэрагъэпэщащ. 
1931 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, егъэджакIуэ Iэзэу щыта Жылау Нурбий.