|
|
Календарь событий
20 января 2026
20 января, 2026 - 16:56
ЩIэныгъэлIхэр, тхыдэтх куэдхэр ди лъэпкъым и къэхъукIэ-псэукIэм зэрытетхыхьащи, адыгэбзэр япэ дыдэу дунейм къытехьа бзэхэм ящыщщ. Бзэм и закъуэкъым, хабзэри, тхэлъ хьэл-щэнри абы дэщIыгъущ.
Иджырей ди нобэм дыхоплъэжри, махэ зэрыхъур долъагъу, абы къешэ бзэмрэ хабзэмрэ нэгъуэщIым ейм псынщIэу техьэныр. Апхуэдиз лIэщIыгъуэм къыкIуэцIраха хабзэхэр, цIыхур зэрагъасэ Iэмал гъуэзэджэхэр дауэ зэрыдгъэкIуэдынур?
20 января, 2026 - 15:20
Хьэт мифологием щыщ теплъэгъуэ.
Гъавэмрэ бэвымрэ я тхьэу, ТIэшыб и къуэ ЩIылъэбынэ* губжьым зэщIищтэри, тхьэунэм икIат. Арыххэу Iугъуэ Iувыр щIылъэм къытегъуэлъхьащ, жьэгу мафIэр ужьыхащ, тхьэпэлъытэхэр я пIэ ижыхьащ… Мэхырт чэтым иубыда мэлхэр, Iуэм щIэубыда жэмхэр. Джафэ къэхъуащ къущхьэр. Гъужащ псынэхэр. Зэхъу-зэбзу дунейм тетым лъхуэн щагъэтащ, ныбэрылъхэри дунейм къытемыхьэфу ныбэм инащ.
Ауэ щыхъум, ЩIылъэбынэ и адэ ТIэшыб къэралыгъуэм тхьэуэ итыр зэхишащ.
20 января, 2026 - 13:18
ЩIышылэм и 20, гъубж
1588 гъэм урыс пащтыхь Фёдор Иван и къуэм Кремлым щригъэблэгъат Черкасскэхэ Темрыкъуэ и къуэ Мамсрыкъуэрэ Къамболэт и къуэ Къудэнэтрэ.
1921 гъэм Бгырыс АССР-р къэунэхуащ.
1932 гъэм къалъхуащ Ветеранхэм я республикэ советым щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм и унафэщIу лэжьа, УФ-м и Журналистхэмрэ ТхакIуэхэмрэ я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Пщыбий СулътIан.
20 января, 2026 - 13:15
Бжьэдыгъу Аксанэ куэдым къацIыху адыгэ шхыныгъуэхэр IэфIу зыпщэфI бзылъхугъэу. Езым зэрыжиIэмкIэ, пщэфIэным еджапIэ нэхъыщхьи дипломи хуейкъым, езыр-езыру зебгъасэ мэхъу. Аксанэ бухгалтерщ, езым и IуэхущIапIэ иIэжщ. И лэжьыгъэм, дэзыхьэххэм ятеухуауэ депсэлъащи, ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ къыджиIам.
20 января, 2026 - 11:18
Къэбэрдей-Балъкъэрым боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ республикэм и щIыналъэхэм я спортсмену 120-рэ, я ныбжькIэ илъэс 15-16 хъухэу. Ахэр щIэбэнащ медаль комплекту 13-м.
20 января, 2026 - 10:01
2026 гъэм Бахъсэн щIыналъэм и курыт еджапIэрэ сабий саду 7 къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ «Егъэджэныгъэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ.
20 января, 2026 - 09:58
Къэбэрдей-Балъкъэрым шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ. Апхуэдэуи а спорт лIэужьыгъуэмкIэ абы щызэхэтащ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэмрэ тэмэму зымылъагъухэмрэ я щIыналъэ зэпеуэ.
Зэхьэзэхуэм хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 11-м я шабзауэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 74-рэ икIи медалхэм щIэбэнащ спортым япэ лъэбакъуэхэр хэзычэхэри, спортсмен цIэрыIуэхэри, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэри.
20 января, 2026 - 09:00
«Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» зыфIаща, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий IуэрыIуатэрэ тхыдэу зэхуихьэсыжам гъуни щIэи иIэкъым. Абыхэм ящыщщ «Адэжь хъыбархэр» жыхуиIэ и тхылъым къитхыжа, Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуа хъыбарым щыщу адэкIэ къызыпытщэри. ТхакIуэм ар къыжезыIэжар Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Зеикъуэ къуажэм дэса Чыржын Хъусинщ.
Ипэ тредгъэдзам кIэщIу дриплъэжмэ, Iуэхур къызэрекIуэкIар мыпхуэдэущ.
|