|
|
Календарь событий
26 января 2026
26 января, 2026 - 18:01
ФIыщ, сэбэпщ, дахэщ, ауэ имычэзумэ, шынагъуэщ мафIэр. Къыдогъэсэбэп икIи зыщыдохъумэ. МафIэм и зыщIыкIэм, и плъыфэм, и зэщIэстыкIэм, зэрызэхэтым гъэщIэгъуэну хэтхэм ящыщхэр къэдгъэлъэгъхуэнщ.
МафIэм и плъыфэр елъытащ ар зыщIэнауэ исыр къызыхэщIыкIам, ар къызэрызыщIэплъам, жьым и къепщэкIэм, дунейм и щIыIагъ-хуабагъэм. ЩIыхуфэу, плъыжьу, плъыжьычу къызэщIонэ ар. ГъэщIэгъуэнщ: нэхъ пщтыр дыдэу зэщIэста мафIэм и плъыфэр щIыхущ.
26 января, 2026 - 17:54
Псыкъелъэхэр щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэ телъыджэхэм ящыщщ.
26 января, 2026 - 16:47
Лъэпкъ IуэрыIуатэм и хъугъуэфIыгъуэхэр ди деж къэзыхьэсыжа нэхъыжьыфIхэм яхъумащ ахэр зэхэзылъхьахэм я цIэ-унагъуэцIэхэри. Пэжщ, лъэпкъыр зыхэхуа бэлыхьлэжьаехэм я ягъэкIэ, зыкъом фIэкIуэдащ, IуэрыIуатэр фIыуэ зыцIыхуу щыта куэдым я хъыбарыр IэщIэхужащ. Апхуэдэу щытми, IуэрыIуатэм и тхыдэр джынымкIэ къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ иIэщ а къэнари къэхутэным, убзыхуным, щIэныгъэ пщалъэм щIэгъэкIыным.
26 января, 2026 - 16:19
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм «Полёт в бессмертие» гъэлъэгъуэныгъэ щокIуэкI, СССР-м и ЛIыхъужь, Хэку зауэшхуэм хэта, къэралми республикэми я тхыдэм зи цIэр къыхэна Къардэн Къэбардэ къызэралъхурэ илъэси 105-рэ зэрырикъуам теухуауэ къызэрагъэпэщауэ.
26 января, 2026 - 15:17
КъБР-м и Музыкэ театрым щагъэлъэпIащ Артистым и махуэр. Ар мы гъэм япэу екIуэкIащ, актёр цIэрыIуэ Станиславский Константин къыщалъхуа махуэрщ зытрагъэхуари.
26 января, 2026 - 14:46
«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр нэхъапэкIэ щыгъуазэ зэрыхуэхъуащи, пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэр къыхэбдзэрэ жыпIэкIэ зэфIэкIыркъым, абыхэм гъэзэщIэкIэ хабзэ щхьэхуэхэр яIэжщ, ахэр къыумылъытэмэ, абыхэм я мэгъу икIи эстетикэ мыхьэнэр яфIэкIуэду. Iэнэгум пэрысым уэрэдыжьыр къыщыхидзэкIэ, къыдыщысхэм зэраридзын хуейм къыщегъэжьауэ ар зыхуэфащэмрэ къызылъысымрэ щыщIэкIыжу адыгэ уэрэдыжьхэм я гъэзэщIэкIэ хабзэхэм яубзыхурт. Абы и фIыгъэкIэ даIуэм къыгурыIуэрт зэдаIуэ уэрэд лIэужьыгъуэр зыхуэдэр, абы зэрежьуупхъэр, ежьур зэрыгъэкIыхьыпхъэр.
26 января, 2026 - 14:14
Астрофизикхэм уахэм къыщалъэгъуа къэщIыгъэхэм ящыщу я нэхъ шынагъуэ дыдэу мы зэманым къалъытэр квази-вагъуэкIэ зэджэхэрщ («квази» - латин псалъэщ, «ещхь» жыхуиIэщ).
26 января, 2026 - 13:10
Тэрч районым хыхьэ Урожайнэ къуажэм къыщалъхуа Къаншокъуэ Ларисэ Хьэгуцырэ и пхъур илъэс 60-м нэблагъэкIэ пэрытащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм, и къаруи и зэфIэкIи емыблэжу и пщэрылъхэр нэгъэсауэ зэрызэфIихыным хущIэкъуу.
|