Календарь событий

27 января 2026

Щхьэзакъуэ джэгуакIуэхэмрэ гупу зэхэт джэгуакIуэхэмрэ

Къэзан пшынэр адыгэхэм къахыхьа нэужь, пшынауэ Iэзэхэр къахэкIыу хуежьащ. Абыхэм я пшынэхэр зыдагъэIэпыкъуурэ къафэ, удж, ислъэмей дахэхэр, уэрэдхэр зэхалъхьэу хуежьащ. Абыхэм ящыщт Къэбэрдейм щыщу Балъкъэр Зул дахэр, Иуан Блиц, Шэрджэсым щыщхэу Ирыжь Зулий, Анфокъуэ Цуцэ, Джылахъстэнейм щыщу Борий Табылэ, нэгъуэщIхэри. Мыбыхэм псоми езыхэм зэхалъхьэжа къафэ яIэщ. Мыхэр псори унагъуэ Iуэху я пщэ дэлъу унэгуащэу щытащ. Ауэ гуфIэгъуэ къэхъуарэ цIыхухэр гъэджэгун хуеймэ, хъыджэбздэс пшынауэ ямыгъуэтмэ, «уей-уей!» жрагъэIэу гупыр ягъэджэгурт. АтIэ, абыхэм джэгуакIуэкIэ деджэ хъуну?

КъБР-м ветеринариемк1э и управленэм и хъыбарегъащIэ

«Къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ щIыпIэ самоуправленэхэмрэ я лэжьыгъэр хэIущIыIуу щытын» УФ-м и къэрал унафэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм Ветеринар IуэхухэмкIэ и управленэм цIыхубэр щыгъуазэ ещI социальнэ зэпыщIапIэхэм напэкIуэцI зэрыщаIэм.

ДяпэкIэ ветеринархэм я хъыбархэр МАХ, «Вконтакте», «Одноклассники», «Телеграм» социальнэ зэпыщIапIэхэм къыщывгъуэтынущ.

КъулыкъущIапIэм и официальнэ напэкIуэцIхэм сурэтхэр, видео гъэщIэгъуэнхэр, управленэм нэхъ щIэщыгъуэу къыщыхъухэр къралъхьэ.

ДжэгуакIуэ-усакIуэхэмрэ адыгэ гъащIэмрэ

Иджыри къэс дэ зи гугъу тщIа джэгуакIуэ-усакIуэхэр Октябрь революцэм и пэ къихуэу е ди зэманым псэуахэщ. Ауэ адэ нэхъ жыжьэу, ХIХ лIэщIыгъуэм псэуа джэгуакIуэхэу хамэ лъэпкъ цIыху зэхэзекIуэхэу Кавказым щыIахэр зытетхыхь, зи гугъу ящI джэгуакIуэ нэхъыжьхэм ящыщу зи цIэр IуэрыIуатэм ди деж къихьэсар Уэкъуощ. IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, Уэкъуо пщылIу щытащ. ИстамбылакIуэу и пщыр Хэкум щикIым, залымыгъэкIэ и пщылIри здришащ. Ауэ Уэкъуо здаша Тыркум и щIыпIэр игу иримыхьу, цIыхухэм я зэхэтыкIэр игу темыхуэу яхуэусэри къэкIуэсэжащ. Мис а усэр:

Ягъэпэщащэр я вабдзэщ,

ШыплIэмрэ гъуэгу жыжьэмрэ

Къэрэшей-Шэрджэсым щежэх Инжыдж ЦIыкIу псым и Iуфэр зи хэщIапIэ Зеикъуэ адыгэ къуажэм дэса Чыржын Хъусин ди тхыдэм ехьэлIауэ жиIэжа хъыбар гъэщIэгъуэнхэм язщ Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуар. Дауи, мы Iуэтэжыр а лIыхъужьым хуэгъэзауэ лъэпкъ IуэрыIуатэм къыхэна псоми и зы къэкIуэкIэщ.

Высоцкий Владимир

ЩIышылэм и 25-м къалъхуащ зи IэдакъэщIэкIхэр сытым дежи игъуэ, зи уэрэдхэм къытедгъазэурэ дыщIэдэIу, совет зэманым трахауэ щыта фильмхэм щытлъагъу уэрэджыIакIуэ, театрымрэ киномрэ я актёр, усакIуэ, уэрэдус Высоцкий Владимир.

ЩIалэгъуалэр щагъэлъапIэ

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм я унэ дэтым щIышылэм и 23-м пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, Урысейм и студентыгъуэм и махуэм теухуауэ.

 Пшыхьыр ирагъэжьащ Урысеймрэ КъБР-мрэ я гимнхэмкIэ. Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ я лIыкIуэхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр, жылагъуэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр, волонтёрхэр.

НОБЭ

ЩIышылэм и 27, гъубж

Нацизмэм ихьахэм я фэеплъым и дунейпсо махуэщ

Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ

1941 гъэм «КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъапIэр ягъэуващ.

1968 гъэм Налшык Музыкэ театр къыщызэIуахащ.

1940 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Хьэгъэжей Джонсон.