Календарь событий

29 января 2026

Бахъсэндэсхэм я зэфIэкIхэр нэрылъагъущ

Дызыхыхьа илъэсым зэрыщIидзэрэ Бахъсэн къалэм и спортсменхэр спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэхэмкIэ зэхьэзэхуэхэм хэтащ икIи ехъулIэныгъэфIхэр абыхэм щызыIэрагъэхьащ. Абыхэм ятеухуа хъыбар иджыблагъэ зэбгригъэхащ щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм.

Зи IэщIагъэм и пIалъэр зыщIэ

Лосэн Хьэмидби КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэхэщIыкI IэрыщIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ технологиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ. И IэщIагъэм епха щIэныгъэ лэжьыгъэу 40-м нэс итхащ, компьютерым, интернет бэджыхъым, зэхэщIыкI IэрыщIым теухуауэ гупсысэ щIэщыгъуэхэр къыщигъэлъагъуэу. ЩIэныгъэ зэфIэкI лъагэ зиIэ щIалэм иригъаджэхэр зэпымыууэ зэпеуэхэм хэтщ, ехъулIэныгъэхэр къагъэлъагъуэу. И лэжьыгъэм къыпэкIуэуи зыщылажьэ университетым абы мызэ-мытIэу къыхуигъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.

Iэпхъуэшапхъуэр пасэми щыIащ

Италием и къалащхьэм дэт кхъэлъахэжь зыбжанэу I-III лIэщIыгъуэхэм къагъэунэхуахэм, щIытI лэжьыгъэхэр щыщрагъэкIуэкIым, археологхэм хьэдэ къупщхьэу 105-рэ къыщIагъуэтэжащ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, абыхэм ящыщу 8-р зейуэ щытар нэгъуэщI хэгъэгухэм къиIэпхъукIащ.
ЩIым щIэлъу къагъуэта хьэдэ къупщхьэхэм цIыхубзым ейуэ яхэлъар зы закъуэщ. Псом нэхъапэуи а Iуэхугъуэращ къэхутакIуэхэр езыгъэгупсысар, хьэдэ къупщхьэхэр зейуэ щытахэр лэжьыгъэ IуэхукIэ мы щIыпIэм къихьауэ зэрыщытам. 

Щхьэ куцIым и зэфIэкIхэр

Махуэ къэс ди нэгум щIокI Iуэхугъуэ зэщхьэщыкIхэр. Щхьэм идубыдэнумрэ тщыгъупщэнумрэ акъылым зэхегъэщхьэхукIыж. Языныкъуэхэм деж блэкI мыхъуну Iуэхугъуэхэр дигу къокIыж, къохъур дызыхуэмыныкъуэ гупсысэ мыфэмыц гуэрхэр ди щхьэм къинэурэ щыкIэрахъуэ е хъыбарыпцI гуэрхэр ткIыщтэн хуейуэ къыщытхуихуи къохъур. ГъэщIэгъуэнщ акъылым и зыщIыкIэр, дигу идубыдэ-идмыубыдэхэм тепщIыхьмэ. Абы теухуауэ щIэныгъэлIхэм къахутащ гъэщIэгъуэнхэр. 

ЩхъуантIагъэр гулъытэ хуэныкъуэщ

«Налшык къалэ хуиту, дахэу, щхъуантIэу икIи ущыпсэуну тыншу щытын хуейщ», - жиIауэ щытащ ди УнафэщI КIуэкIуэ Казбек, илъэсыщIэр къихьэн и пэ екIуэкIа эфир занщIэм. 

Иджыри зы текIуэныгъэ

Дагъыстэным щыщ бэнакIуэ Махачев Ислъам иджыри зы чемпион бгырыпх къихьэхуащ. 
Американ щIалэхэр зопсалъэ: 
 - Дагъыстэным щыщ щIалэ 50-рэ Нью-Йорк щыщ щIали 100-рэ зэзауэмэ, хэт текIуэнур? 
 - Хьа-хьа-хьа, Дагъыстэнхэм яшхыпэнущ ахэр! Нью-Йорк нэхъ лъэрызехьэ дыдэу дэс щIали 100-р дагъыстэн щIалитхум ятекIуэнкIи хъунщ зэрымыщIэкIэ, ауэ абы щыгъуэми, американхэм я бохъши, вакъи, щыгъыни къыхуагъэнэнукъым. 

Зэманыр псы уэрщи йокIуэсыкI

Зауэмрэ абы къыкIэлъыкIуа илъэсхэмрэ къызэрымыкIуэу зэрыхьэлъар фIы дыдэу ящIэж ар зи нэкIэ зылъэгъуахэм. Абыхэм ящыщщ зауэм ипэкIэ унагъуэ дахэу Инарыкъуей жылэм дэса Шыдакъхэ Алийрэ КIунэрэ я пхъуищри. Абыхэм я гъащIэр къызэрекIуэкIам дыщегъэгъуазэ ЗэрамыщIэ Маринэ. 

НОБЭ

ЩIышылэм и 29, махуэку
Ядернэ зауэр мыдэным цIыхухэр хузэщIэгъэуIуэным и дунейпсо махуэщ
1833 гъэм
Урысейм щыяпэу Санкт-Петербург къалэм пощт IуэхущIапIэ къыщызэIуахащ. 
1943 гъэм советыдзэхэм Мейкъуапэ, Тихорецк къалэхэр нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. 
2001 гъэм КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим дунейм ехыжащ. 

Лэжьыгъэм пащэ

 «Коммунальнэ ухуэныгъэхэр егъэфIэкIуэн» къэрал Iуэхум хыхьэу  «УхуэныгъэщIэхэр» лъэпкъ проектыр ягъэзащIэу, Бахъсэн къалэм и уэрамиплIым щызэрахъуэкIынущ бжьамийхэр. Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну уэрамхэм я кIыхьагъыр зэхэту метр 5539 мэхъу, абы цIыху 2300-рэ щопсэу. 
Мы Iуэху дыдэм ипкъ иткIэ нэгъабэ Дыгулыбгъуей къуажэм щызэрахъуэкIауэ щытащ уэрамищым тес цIыхухэм я деж псы къабзэ зэрекIуалIэ бжьамий километри 4,2-рэ. 

Къэралым щагъэлъапIэ

Урысейм и зауэлI щIыхьым и махуэр – Ленинград къэзыувыхьауэ щыта фашист зэрыпхъуакIуэхэм къалэр совет зауэлIхэм къызэрыIэщIахыжрэ илъэс 82-рэ зэрырикъур щIышылэм и 27-м къэралым щагъэлъапIэ. Ар Хэку зауэшхуэм ехьэлIа гуауэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыщ. Бийм и зэранкIэ къалэм дэубыда хъуа, мэжэщIалIагъэмрэ щIыIэмрэ иукI ленинграддэсхэр зэралъэкIкIэ я гъащIэм щIэбэнащ.