Календарь событий

30 января 2026

МВД по КБР приглашает на работу

МВД Кабардино-Балкарской Республики разъясняет преимущества службы в полиции и информирует о республиканских надбавках денежного довольствия

Выбирая службу в органах внутренних дел, вы получаете настоящую мужскую профессию, стабильность и целый ряд преимуществ:

Уафэр щымыджэмыпцIэу…

Ащырым и пщышхуэу АщырбынылI щыпсэуа уардэунэ щэщэжам и лъабжьэм къыщIахауэ щытащ дунейр къызэригъэщIамрэ абы и ухуэкIэмрэ къэзыIуатэ, мывиблым тедза гъущIынэтхыр. «Уафэр щымыджэмыпцIэу» псалъэхэмкIэ къригъажьэ а тхыгъэр илъэс 4000 ипэкIэ ятхауэ хуагъэфащэ, илъэсыщIэр къыщихьэ махуэшхуэм ирихьэлIэу тхьэунэхэм щеджэу зэрахьэу.

«Адыгэхэм я къуалэбзу щIэныгъэр» къызэрыгъэлъэгъуар

Брат Хьэсин «Адыгэхэм я къуалэбзу щIэныгъэр» тхылъыр 2007 гъэм Черкесск къыщыдэкIащ,Абы къуалэбзухэм я фIэщыгъэхэр адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, латиныбзэкIэ къыщыхьащ, зыщыпсэу, я шхыныгъуэ, щIэжьей къызэрыраш, я хьэлхэм теухуахэр щыгъэнэIуащ. Псалъэхэм я жыIэкIэхэр къэгъэнэIуащ, езы псэущхьэхэм я теплъэхэр сурэту итщ. ЩIэныгъэм ехьэлIа лэжьыгъэр зэхэбгъэувэныр, бгъэбелджылыныр, уеблэмэ ар тхылъ щхьэхуэу къыдэбгъэкIыжыныр тыншкъым.

И хъыбарыр удэзыхьэхщ

ЩIы Хъурейм къыщхьэщыт уафэм телескопкIэ кIэлъыплъахэм 2026 гъэм щIышылэм и 22 - 26-м къыщалъэгъуар зищIысым дытепсэлъыхьын ипэ, Iуэхум щIэдзапIэ хуэхъуам и гугъу тщIынщ.

«Сэ иджыри къэс пщIыхьми сыщолъатэ…»

Гупсысэ куу, купщIэшхуэ зыхэлъщ Хьэту Пётр и тхыгъэ кIэщIхэр. Абыхэм къызэщIаубыдэ гъащIэм и лъэныкъуэ куэд икIи зи гугъу ищIыр хуиту уи нэгу къыщIагъэхьэу гъэпсащ. Абыхэм ящыщ зыбжанэм фыщыдогъэгъуазэ.

*  *  *

Алыхьым цIыху къыхэкIын и гугъэу, цIыху сурэтым иту дунейм Iэджэ къытрегъэхьэ, арщхьэкIэ и нэхъыбапIэр хьэ, кхъуэ, нэгъуэщI хьэкIэкхъуэкIэ, Iэщ лIэужьыгъуэ, уеблэмэ хьэпщхупщ хъуауэ и пащхьэ йохьэж.

*  *  *

Анэ губзыгъэм и гъэсэкIэр

Гъэсэныгъэм епха чэнджэщхэр зэбгрызытыкI психологхэм ящыщу пщIэ нэхъ зиIэхэм язщ Бабаянц Алексей.

Адэ-анэхэм папщIэ чэнджэщ зэIущIэхэр ирегъэкIуэкI зи гугъу тщIы Бабаянц. Абы къиухащ совет зэманым «гущIэгъу зыхэлъ педагогикэ» унэтIыныгъэр къызэзыгъэпэщауэ щыта Амонашвили Шалвэ и цIэр зезыхьэ академиер. ГъэсакIуэ-психологыр и щхьэ течауэ топсэлъыхь языныкъуэ адэ-анэхэм я бынхэм деж щыхъыжьэурэ ягу зэрызыщагъэкIым, зэхущытыкIэм и нэщэнэхэу зыIэщIэбгъэкI мыхъунухэм, щIалэ цIыкIум и гъэсэныгъэр хъыджэбз цIыкIум ейм къызэрыщхьэщыкIыпхъэм.

Марьям и репортажхэр

КъызыхуигъэщIа IэщIагъэр цIыкIу щIыкIэ зыдэплъагъу сабийхэр щыIэщ. Къэзахъстаным хыхьэ Актобе къалэм щыщ Жапалаковэ Марьям зэрыхъур илъэс 12 къудейщ, ауэ цIыху мелуанхэр кIэлъоплъ абы и напэкIуэцIым къыщит «Унагъуэ хъыбархэм».

Тхыдэм щыщ

Мамлюкхэм ятеухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэр дэ къыщыдогъуэтыж Мысырым щыщ тхыдэтх икIи бзэ щIэныгъэ­хэм елэжьа Амин аль-Хьэули деж. Абы и тхылъ «Нилрэ Индылрэ я зэпыщIэныгъэхэм» (КъуэкIыпIэ литературэм и тхылъ тедзапIэ, Мэзкуу, 1962) дыкъыщоджэ: «Мысыр сулътIанхэм мамлюк минхэр яIащ», икIи абыхэм я бжы­гъэм ­­зэпымыууэ хэхъуэрт, сыту жыпIэмэ «мамлюк зылъэкI­хэм я Iыхьлы­хэм­рэ я гъунэгъухэмрэ зрашалIэрт, зэраху­зэ­фIэкI­кIэ къулы­къу­шхуэ къаубыдынымкIэ абыхэм ядэIэ­пыкъурт».

НОБЭ

ЩIышылэм и 30, мэрем

Уае Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ я дунейпсо махуэщ

♦1863 гъэм Урысейм унафэ къыщащтащ цIыхум судкIэ удын ебдзынуи, дамыгъэ тебдзэнуи хуит уимыщIу.

♦1943 гъэм 6-нэ нэмыцэдзэм Сталинград деж зыщитащ. Ар Хэку зауэшхуэм советыдзэхэр щытекIуэным щIэдзапIэ хуэхъуауэ къалъытэ.