|
|
Календарь событий
03 февраля 2026
3 февраля, 2026 - 17:46
Урысейм и Банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм зэбгригъэха хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, 2025 гъэм и дыгъэгъазэм ди республикэм щыщыIа инфляцэр, илъэс пIалъэкIэ къэгъэлъэгъуауэ, проценти 5,28-рэ хъуащ, ипэ ита щэкIуэгъуэм щыIа проценти 5,9-м и пIэкIэ.
3 февраля, 2026 - 16:42
Тэрч районым и курыт еджапIэу 12 къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр и кIэм нэблэгъащ икIи «ЕгъэджэныгъэмкIэ школ IэнатIэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ программэр къызэрыхалъхьэрэ блэкIа илъэсищым къриубыдэу Тэрч къалэм ейуэ щы, Терекскэ, Акъбащ Ипщэ, Красноармейскэ, Дей, Урожайнэ, Новэ-Хьэмидей, Арыкъ, Курп Ищхъэрэ, Хьэмидей къуажэхэм зырыз школ зыхуей щыхуагъэзащ.
3 февраля, 2026 - 15:40
Къэбэрдей-Балъкъэрым и автомобиль гъуэгухэр илъэс къэс зэрырагъэфIакIуэм къыдэкIуэу, цIыхум и шынагъуэншагъэр абыхэм къыщызэгъэпэщыным хуэунэтIа лэжьыгъэхэри республикэм щрагъэкIуэкI зэпытщ.
Абыхэм хохьэ иджырей уэздыгъэхэмкIэ ахэр къызэщIэгъэблэныр икIи 2025 гъэм апхуэдэ Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкIащ республикэм и щIыналъэ гъуэгуу километри 62-рэ хуэдизым. Александровскэ, Дей, Курп Ищхъэрэ, Ташлы-Тала, Нейтринэ, Сэрмакъ, Каменкэ къуажэхэм я уэрамхэр къызэщIагъэнэхуащ: псори зэхэту километр 22-м щIигъу я кIыхьагъщ абыхэм.
3 февраля, 2026 - 14:37
Шэхьбаным и 14 - 15-хэм хуэзэ БэраIэт жэщыр къэсыным иIэжыр махуэ зыбжанэщ. Мы гъэм ар тохуэ мазаем и 3-м и пэ къихуэ жэщым.
Мы жэщ лъапIэм теухуауэ хьэдис куэд щыIэщ. Алыхьыр арэзы зыхуэхъун ХьаIишэ къыбгъэдэкIыр нэхъ дахэхэм язщ.
3 февраля, 2026 - 13:35
ЦIыхум щIыхь къыхуэзыхьыр и ныбжьыркъым, атIэ и лэжьыгъэрщ. Адыгэ лъэпкъым и пщIэ лъагэр зи IэужькIэ, гуащIэдэкIкIэ къэзыхьахэм, зыхуэфащэхэм ящыщщ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщхьэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, «КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща Гъут Iэдэм Мухьэмэд и къуэр. Еджагъэшхуэм и щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм теухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Хьэгъэжей Лианэ и тхыгъэр.
3 февраля, 2026 - 12:32
«Moscow Open» фIэщыгъэр зэрихьэу карате-киокусинкаймкIэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 15-м я спортсмен 700-м щIигъу.
Илъэс 14 - 15 зи ныбжьхэм я деж дыщэ медаль къыщихьащ Щауэ Аскэр. Ди щIалэр щызауэр килограмм 65-рэ зи хьэлъагъ гупырщ.
3 февраля, 2026 - 11:24
Тэрч и сэмэгурабгъу Iуфэм къыщылъ щIыхэм адыгэхэр щопсэу Мэздэгу быдапIэр къызэрыунэхурэ. ЛIэщIыгъуитIым щIигъуауэ абыхэм я адэжь хабзэхэр яхъумэу къогъуэгурыкIуэ…
3 февраля, 2026 - 10:50
Щхьэ бжыгъэкIэ мащIэхэм ящыщу зи анэдэлъхубзэм и къэкIуэнум темыгузэвыхь зы лъэпкъи дунейм тету къыщIэкIынкъым. Апхуэдэщ адыгэхэри. Адыгэбзэм и щыIэкIэм, и къэкIуэнум теухуауэ тхыгъэ куэд ятхащ. Абыхэм, зэрыгурыIуэгъуэщи, зэтехуэу тхыгъитI къахэбгъуэтэнукъым, ауэ псоми хьэкъ пщащI лъэпкъым дежкIэ бзэм и мыхьэнэр зэрыин дыдэр, ар IэщIыб пщIыныр узытес къудамэр пыбупщIыжыным зэрещхьыр. Нобэ фыщыдогъэгъуазэ 1968 гъэм ГъукIэмыхъу Iэубэчыр адыгэбзэм теухуауэ итха тхыгъэм щыщ пычыгъуэ.
3 февраля, 2026 - 09:30
Мазаем и 3, гъубж
1966 гъэм «Мазэ-9» совет станцыр дунейм щыяпэу Мазэм щетIысэхащ.
1924 гъэм «Красная Кабарда» газетым и цIэр «Къэрэхьэлъкъ» жиIэу зэрахъуэкIащ.
1931 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэу щыта, КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Хьэждал.
Дунейм и щытыкIэнур
|