|
|
Календарь событий
06 февраля 2026
6 февраля, 2026 - 17:00
Сочэ псым ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ къыщыхэлъадэ и къуэпсхэм ящыщ зым зэреджэр Ажэкъуэщ. IыхьитIу зэхэт мы псалъэм и къэунэхукIэм ехьэлIауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.
«Ажы»-м убыххэм я бзэкIэ къикIыр дэ, адыгэхэм, «уэс» жыхуэтIэрщ, «къуэ»-м, дызэрыщыгъуазэщи, ди бзэм мыхьэнэуэ тIу щиIэщ: «бын» егупсысыкIэри «къуэладжэ» е «тIуащIэ» къызэрыкIри. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ зиIэхэм къызэралъытэм тетщIыхьмэ, и фIэщыгъэр къызэрыдгурыIуэ хъунур «уэс джейм къигъэщIа псы цIыкIу» е «уэсыр щIэх зыдэмыбзэхыкIыж къуэладжэ» жыхуиIэущ.
6 февраля, 2026 - 16:07
«Дзэ топографием и махуэ» зыфIащар ди къэралым мазаем и 8-м щагъэлъапIэ. Гулъытэ хэIэтыкIа абы нэхъ хуэзыщIыр дзэ зэщIэузэдахэм къагъэсэбэп гъуэгугъэлъагъуэ картэхэр зэхэзыгъэувэ IэнатIэхэм Iутхэрщ.
6 февраля, 2026 - 15:59
Нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, бзэ зэмылIэужьыгъуэу тху зыщIэм полиглоткIэ йоджэ. Америкэ лингвист Эрард Майкл зэрыжиIэмкIэ, бзитхур икIэм нэсу игъэшэрыуэу аракъым полиглотым, атIэ цIыхур къызэрыгуэкI Iуэхум щытепсэлъыхькIэ, къыгурыIуэу, псалъэ къызэрыгуэкIхэмкIэ жэуап итыжыфу аращ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, археолог цIэрыIуэ, Троя къэзыхутауэ щыта Шлиман Генрих бзэ 14-м ирипсэлъэфырт. Ахэр зэригъэщIэн папщIэ, и анэдэлъхубзэмкIэ тха зы тхыгъэр нэгъуэщI бзэхэмкIэ зэрыригъэдзэкIыуэ еджэурэ зэригъэщIауэ арат.
6 февраля, 2026 - 15:13
Мы махуэхэм ди къэралым щагъэлъапIэ Урысей щIэныгъэм и махуэр. Илъэс 300-м щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ, 1724 гъэм и мазаем и 8-м урысей пащтыхь Пётр Езанэм Iэ тридзауэ щытащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академие (РАН) къэралым къызэрыщызэрагъэпэщым теухуа унафэм. Абы къыщежьащ щIэныгъэлIхэм я махуэщIыр Iэтыныр.
6 февраля, 2026 - 14:15
«Хъуэмб» псалъэр махуэ къэс къэдгъэсэбэпхэм ящыщкъым. Псалъалъэм зэритымкIэ, ар биологием «клетка» жыхуиIэу, цIыху Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэт пкъыгъуэ цIыкIухэрщ. Нобэ я гугъу тщIынущ лышх узыфэм пэщIагъэувэну IэмалыщIэ е бгъэдыхьэкIэщIэ къызэIузыха щIэныгъэлIхэу Нобель и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зратахэм.
6 февраля, 2026 - 13:10
Лъэпкъым ижь лъандэрэ къыдэгъуэгурыкӀуэ уэрэдыжьхэр уахътыншэ зыщӀыр ахэр зытеухуа Ӏуэхугъуэхэм цӀыхухэр ягъэпӀейтейуэ, абыхэм я гурыгъу-гурыщӀэхэм пэжджэжу зэрыщытам и закъуэкъым. Ар щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу щытами, мыхьэнэшхуэ иӀэт уэрэдхэм я гъэпсыкӀэм, абыхэм я зэхэухуэнэкӀэм, псалъэхэр зэрызэхалъхьэ щӀыкӀэм. Уэрэдым и гъэпсыкӀэр къызэрыгуэкӀыу зэрыщытым къыхэкӀыу, гум иубыдэгъуафӀэ хъурт, жыӀэгъуэ къэс зэщхьэщыкӀыныгъэшхуэхэр яримыту. Аращ адыгэ ӀуэрыӀуатэхэм, ар дэнэ щӀыпӀэ щамытхыжами, вариант зэмылӀэужьыгъуэхэр иӀэми, къыумыцӀыхужын хуэдизу щӀызэтемыкӀыр.
6 февраля, 2026 - 12:26
ФIыщIэрэ щытхъурэ хуаIэтми, тхьэхэр хуэныкъуэщ щыхьэт. Ахэр Мардыкъуэ къолъэIу и зэфIэкIыр яригъэлъагъуну, телъыджэ гуэр я нэгу щIигъэкIыну. Мардыкъуэ и псалъэкIэ хьэршым ит вагъуэр мэбзэх, «къыкъуэкIыж» зэрыжиIэуи, къоунэхуж. Ар зылъэгъуахэм шэч къытрахьэжкъым тхьэшхуэу хахам и зэфIэкIым.
Тхьэхэм я тхьэжу яIэта Мардыкъуэ зауэшхуэм зыхуегъэхьэзыр: шабзэр, шабзэшэр, токъмакъыр, хъыр къещтэ, жьызэпихуиблыр и гъусэщ, жьы къудамиплIыр гум щIещIэ, тебжэудзыр екъузри, йожьэ.
6 февраля, 2026 - 12:00
Мазаем и 6, мэрем
ЦIыхубзхэм я узыншагъэм зэран хуэхъу операцэхэр емыгъэкIуэкIыным и дунейпсо махуэщ
1918 гъэм Урысейр григориан махуэгъэпсым зэрыхуэкIуэм теухуа декрет къыдэкIащ.
1935 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблым Советхэм я VII съездым и делегатхэм папщIэ Москва и Театр Иным концерт щитащ.
1923 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Тэмазэ Маржэнэт.
6 февраля, 2026 - 11:57
ЩIышылэм и кIэух махуэхэм КъБКъУ-м щекIуэкIащ «ЮНПРЕСС» егъэджэныгъэ-хэзыгъэгъуазэ программэр.
6 февраля, 2026 - 11:18
Зи Iуэху тыншу дэкIхэм, ехъулIэныгъэ зиIэхэм папщIэ «цIыху насыпыфIэщ» жаIэу зэхыдох. Апхуэдэу зэчий къызэрымыкIуэ зиIэу цIэрыIуэ хъухэми я цIэр, езыхэр мыпсэужми, лIэщIыгъуэкIэрэ ящымыгъупщэжу дунейм къытонэ, тхыдэм къыхонэ.
|