|
|
Календарь событий
12 февраля 2026
12 февраля, 2026 - 18:39
Илъэсым икIэхэм зэфIагъэкIынущ
Бахъсэн къалэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIитI зэIузэпэщ ящIынущ мы гъэм «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Ахэр зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 4300-рэ мэхъу.
Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ Гагариным и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ щызэхыхьэ щIыпIэм къыщыщIэдзауэ 103-нэ унэм деж нэсыху Iыхьэм, УхуакIуэхэм я жыг хадэ цIыкIум.
12 февраля, 2026 - 16:16
Къэбэрдейр къыщежьахэм ящыщщ «Андемыркъан и уэрэдыр». Иджы абы къэбэрдей уэрэдкIэ деджэ хъунущ, сыту жыпIэмэ «Къэбэрдей» цIэр Андемыркъан и уэрэдым къыхощ: «КъэбэрдеищIым Андемыркъан щызоуэ» жеIэ уэрэдым.
Бахъшысэрей зекIуэм къикIыжа нэужь, Талъостэн лIэри абы и шынэхъыщIэ Беслъэн ПцIапцIэ теуващ. 1532 гъэм Беслъэн Астрахъан зекIуэр къызэригъэпэщащ. Абы кIуа шуудзэм Индыл и икIыпIэр къахуэзыхутар, куэдым зэрыжаIэмкIэ, Андемыркъанщ. Беслъэн и Астрахъан зекIуэм уэрэд траусыхьакъым, траусыхьами, ди деж къэсакъым.
12 февраля, 2026 - 14:10
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щIышылэм и 30-м фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цӀыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, адыгэ макъамэ гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, этномузыковед телъыджэ, уэрэджыӀакӀуэ цӀэрыӀуэ Бэрэгъун Владимир къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу.
12 февраля, 2026 - 12:26
Физик Герц Генрих радиокъарухэр (радиоволны) зэрыщыIэр къихутащ. Итальян радиотехник Маркони Гульельмо 1896 гъэм япэ радионэтыныр иригъэкIуэкIауэ щытащ. Урыс щIэныгъэлI Попов Александр 1894 гъэм къигупсысащ электромагнитнэ къарухэм я генератор.
12 февраля, 2026 - 12:14
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, адыгэ драматургием и классик IутIыж Борис и къалэмыпэм къыщIэкIащ усэ купщIафIэхэр, новеллэ гъэщIэгъуэнхэр, «ГущIагъщIэлъхэр» зыфIища гупсысэ кIэщI хьэлэмэтхэр, гушыIэ, ауан зыхэлъ тхыгъэ шэрыуэхэр, пародиехэр, эпиграммэхэр, памфлетхэр, анэдэлъхубзэм, литературэм, театрым ятеухуа публицистическэ тхыгъэхэр, сабийхэм яхуитха усэхэр. Псом хуэмыдэу къыпхуэмылъытэнщ IутIыжым лъэпкъ драматургием хуищIа хэлъхьэныгъэр - сценарийхэм нэмыщI, едзыгъуэхэурэ зэхэт пьесэу 30-м нэс итхащ.
12 февраля, 2026 - 11:11
Фызэрыщыгъуазэщи, 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м УФ-м и Президент Путин Владимир Iэ щIидзащ «Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр» Урысей Федерацэм щегъэкIуэкIыным и IуэхукIэ» унафэм. Жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар урысейпсо къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Кузнецов Виталийщ.
12 февраля, 2026 - 07:13
Мазаем и 12, махуэку
ЩIэныгъэмрэ гуманизмэмрэ я дунейпсо махуэщ
1929 гъэм Налшык щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ курорт хъуащ.
1957 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыяпэу Налшык телевиденэм лэжьэн щыщIидзащ.
1884 гъэм къалъхуащ Тыркум щыпсэуа адыгэ тхакIуэ, дунейпсо литературэм и классикыу къалъытэ Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин).
1944 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къэшэж Иннэ.
|