|
|
Календарь событий
18 февраля 2026
18 февраля, 2026 - 15:00
Мазаем и 19-м ди къэралым щагъэлъапIэ къуалэбзухэм я щыIэкIэ-псэукIэр джыным зи гъащIэри зи лэжьыгъэри тезыухуа цIыхухэм, орнитологхэм.
18 февраля, 2026 - 13:38
«Къуажэ щIыпIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэненкэ къуажэм физкультурэ-узыншагъэр щагъэбыдэ комплексыщIэ (ФОК) щаухуэ. КъатитIу зэтетыну унэм метр зэбгъузэнатIэ 1200-м щIигъу иубыдынущ.
Иджыпсту унэ лъабжьэр ягъэтIылъри, блынхэри яIэтащ, ахэр зэрызэрагъэубыдыну, зэрагъэбыдэну гъущIхэр зэпагъавэ, иужькIэ унащхьэр телъхьэным пэрыхьэнущ. Абыхэм къадэкIуэу, псы къабзэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр, ток кIапсэхэр, унэр къызэрагъэплъ системэхэр, нэгъуэщIхэри, щIашэ.
18 февраля, 2026 - 13:35
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэмыжхэр, автомобиль трассэхэм щхьэпрыкI гъуэгухэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр ди щIыналъэм щрагъэкIуэкI зэпытщ.
18 февраля, 2026 - 13:33
Адлер къалэм щекIуэкIащ бжыр нэхъ жыжьэу дзынымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ди гуапэу къыхэдгъэщынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен Орлов Николай дунейпсо рекорд щигъэуващ абы. Ди щIалэм иутIыпща бжыр метр 77-рэ сантиметр 37-кIэ игъэлъэтащ. Мы гъэм зэрыщIидзэрэ апхуэдэ ехъулIэныгъэ дунейм зыми къыщигъэлъэгъуакъым.
18 февраля, 2026 - 13:26
Мазаем и 10-м ягъэлъэпIащ интернет зэраныгъэншэм и дунейпсо махуэр. Махуэшхуэр «Интернет нэхъыфIыр къыхыдох» къыхуеджэныгъэм щIэту екIуэкI хабзэщ. Гъэ къэси а махуэм ирихьэлIэу зытепсэлъыхьыну, гулъытэ зыхуащIыну Iуэхугъуэхэр яубзыху. Дауи, ар ехьэлIауэ щытын хуейщ интернетым и Iэмалхэм, абы къыщагъэсэбэп программэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Ди зэманым зы IуэхущIапIи интернетыншэу лэжьэфынукъым. Дауи, интернет технологиехэр куэду къызэрыунэхум гъащIэр ехъуэж, интернет программэщIэхэр щIэх-щIэхыурэ къоунэху.
18 февраля, 2026 - 13:25
Къаныкъуэ лъэпкъым и тхылъым селэжьащ иужьрей илъэситIым. А Iуэхур къызэресхьэжьэрэ дэIэпыкъуэгъуу къысхукъуэкIамрэ зэрымыщIэкIэ сэбэп къысхуэхъуамрэ гъуни нэзи яIэкъым.
18 февраля, 2026 - 13:21
Фермерхэм я хэлъхьэныгъэр
2025 гъэм и щIышылэм – щэкIуэгъуэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и фермерхэм лырэ гъэшхэкIыу къыщIагъэкIым хагъэхъуащ, къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм.
А пIалъэм ирихьэлIэу лырэ джэдкъазылу (псэууэ шэчауэ) фермерхэм къалэжьар тонн мин 28,6-рэ хъуащ е 2024 гъэм и апхуэдэ лъэхъэнэм проценти 102,3-кIэ хуэкIуэу. Гъэшу къашащ тонн мин 83,2-рэ е 2024 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 2-кIэ нэхъыбэу.
18 февраля, 2026 - 12:10
«Гардарика Кавказа» арт-фестивалым хыхьэу, Санкт-Петербург къикIа хьэщIэхэм КъБР-м и Лъэпкъ музейм мы махуэхэм щрагъэкIуэкI лекцэхэр, зэхыхьэхэр, мастер-классхэр, пшыхь щIэщыгъуэхэр.
18 февраля, 2026 - 12:08
Къэбэрдей-Балъкъэрми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыхурт КъБКъУ-м и профессор, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Андрей. Ар адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнум фIыкIэ хуэлэжьа, зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм гу лъызытэу щыта хэкупсэт. Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу дигу къыдогъэкIыж еджагъэшхуэм ди бзэм и зыужьыныгъэм теухуауэ къытхуиIуэтауэ щыта и гупсысэхэр.
18 февраля, 2026 - 12:06
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Тхьэгъэзит Зубер лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ ди лъэпкъ литературэм хьэлэлу хуэлажьэ усакIуэ гуащIафIэщ. А зэманым къриубыдэу абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ «Бгым сыдокI», «Тэрч макъамэхэр», «Джэрпэджэж», «ЩIымрэ уафэмрэ», «Гугъэ», «Къеблагъэ», «Гуапагъэ», «Тхыгъэхэр» томитIым щызэхуэхьэсауэ, «Усыгъэхэр» тхылъхэр. Апхуэдэу урысыбзэкIэ зэдзэкIауи дунейм къытехьащ «Эхо весны», «Горы молчат», «Иду к тебе», «Лицо земли», «Рождение песни» жыхуиIэхэр, нэгъуэщIхэри.
18 февраля, 2026 - 12:05
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэ IуэхущIапIэу Урысей Федерацэм и Президентым и деж зэпымыууэ щыIэм теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2006 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м къыдигъэкIа Указ №45-УП-м и 3-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
18 февраля, 2026 - 12:00
ЦIыхуфIхэм ятеухуа хъыбархэр сыт хуэдэ зэманми щхьэпэщ. Ахэрщ гум къэкI фIым укIэлъыкIуэну утезыгъэгушхуэр. Уи фIэщу узыхущIегъуэжа щыуагъэр зэрыбгъэзэкIуэжын Iэмал къозытри ахэрщ.
Зэгуэрым Динар и къуэ Малик щIэныгъэлIышхуэм и гъунэгъум и псэр зэрыхэкIыр къыжраIати, абы и деж екIуэкIащ. И псэм еджэу телъ лIым бэлыхьышхуэ зэригъэвыр и нэкIум къищырт.
- Сыт ухуэдэ? - щабэу еупщIащ абы Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Динар.
- IуащхьэшхуитI, тIури мафIэм къыхэщIыкIауэ, си пащхьэ кърагъэуващ, тIуми сыдэкIуеин хуейуэ сыхагъэзыхь, - къритащ гъунэгъум жэуап.
18 февраля, 2026 - 11:58
Мазаем и 18, бэрэжьей
♦Урысей Федерацэм и Транспорт полицэм и махуэщ
♦УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм дзэхэр зыхуей хьэпшыпхэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ къызэзыгъэпэщ и IэнатIэм и махуэщ
♦1924 гъэм Налшык Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIу къыщызэIуахащ.
♦1943 гъэм Адыгэ Республикэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
|