Календарь событий

21 февраля 2026

Гур къеуэу, бзэр тхъумэу…

Лъэпкъым и гур къеуэн папщIэ, абы бзэ Iурылъын хуейщ. Псалъэу, макъыу зэхэлъ къудейкъым бзэр, атIэ ар хьэл-щэнщ, шыфэлIыфэщ, хабзэ-нэ­мысщ, зыIыгъыкIэщ, акъылщ, щэнхабзэщ. Адыгэбзэм и Хэкум щыпсэу, лъэпкъ гупсысэ зиIэ, тхыдэм куэдрэ ириплъэж, щIэблэм фIыкIэ хуэхъуа­псэ цIыхухэм къызыкъуах бзэм теухуа гупсысэ щIэщыгъуэхэр. IэщIагъэ зэхуэмыдэхэр яIэми, бзэм и мы­хьэ­нэм, адыгэбзэм щIэблэр зэрыдегъэ­хьэхыпхъэм, уадыгэным къикIым ­теухуауэ жаIэм ахэр зэфэгъу ещIыж. Анэдэлъхубзэм и махуэм теухуащ но­бэ ди псэлъэгъухэм къыджаIар:

Гупсысэм и псэ

Мы дунеишхуэм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэры­щхьэ­щыкI я лъэпкъ нэ­щэ­нэхэр, гупсысэкIэмрэ псэу­кIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм яIурылъ бзэрщ - я анэдэлъхубзэрщ.

Унагъуэ тхыдэм щыщ зы махуэ

1979 гъэм СССР-м и Прави­тельствэм къэралым и ипщэ ­гъунапкъэхэм я шынагъуэншагъэр къызэригъэпэщын, 1978 гъэм Афганистаным тетыгъуэр щызыубыда ЦIыхубэ-Демо­к­ратие партым дэIэпыкъун му­радкIэ, советыдзэхэм щыщхэр Афганистаным иришащ. Ар гъу­нэгъу къэралым и унафэщIхэм я лъэIут, зэныбжьэгъугъэм, зэ­дэ­лэжьэныгъэм теухуа совет-афган зэгурыIуэныгъэм къигъэув зы Iыхьэт.

Къурал зэкъуэшхэм я гъуэгуанэ хьэлъэр

ЛIыхъужьхэр тхылъхэм ит къудейкъым, ахэр ди зэманым къытхэтщ. Нобэ хуэдэ махуэрщ «хэкупсэ» жыхуаIэм и мыхьэнэр нэхъ къыщыбгурыIуэр. Тэрч районым хыхьэ Курп Ищхъэрэ къуажэм къыщыхъуа Къурал зэкъуэш­хэр блы хъурт, абыхэм ящыщу тхур дзэ Iуэху хэхам кIуащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, щыр хэ­кIуэдащ.