|
|
Календарь событий
22 февраля 2026
22 февраля, 2026 - 16:00
КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, худэжникхэм я урысей академием, СССР-м, КъБР-м, Сочэ къалэм я СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэхэм, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр 2001 гъэм зыхуагъэфэща Акъсырэ МуIэед Алий и къуэр къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирокъу.
22 февраля, 2026 - 11:18
Мы тхыгъэм зи гугъу щысщI щIалэр афган зауэм хэта, МВД-м и ветеран, лейтенант нэхъыжьу пенсэм тIысыжа, Шэджэм къалэм къыщалъхуа КIарэ Аслъэнщ. Ар Афганистаным щекIуэкIа зауэм и ветеранхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр зэгухьэныгъэм, зауэм ныкъуэдыкъуагъэ къыхэзыхахэм я урысейпсо «ВОИН» жылагъуэ зэгухьэныгъэм Шэджэм районым щаIэ къудамэхэм я унафэщIщ. Абы иджыблагъэ дезгъэкIуэкIа псалъэмакъым къыхэсхащ щыгъуазэ фызыхуэсщIынур.
22 февраля, 2026 - 10:01
Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ипщэ республикэхэм я цIыхубэ артисткэ, Абхъазым щIыхь зиIэ и артисткэ, адыгэ уэрэдхэмкIэ фестивалым (Мейкъуапэ, 1992) и япэ саугъэтым и лауреат, Грециемрэ Иракымрэ (1997) щекIуэкIа фестивалхэм я лауреат Сокъур Ольгэ нэхъыжьхэми щIалэгъуалэми фIыуэ ялъэгъуа, пщIэ зиIэ уэрэджыIакIуэщ.
22 февраля, 2026 - 09:58
Налшык дэт «Сигу ирохь» студием щагъэлъагъуэ сурэтыщI, егъэджакIуэ, зыплъыхьакIуэ Мотылевэ Марие и лэжьыгъэхэр.
|