Календарь событий

24 февраля 2026

ТIури домбеякъыу

Краснодар крайм щыIэ «Сириус» щIыналъэм щекIуэкIащ УФ-м тхэквондомкIэ (ИТФ – Олимп джэгухэм хэмыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ спортсмен балигъхэри, щIалэгъуалэри, ныбжьыщIэхэри.

Спорт хъыбархэр

«Асатрян Арарат и фэеплъ Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу кудомкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ Ставрополь къалэм щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Луганск областым, Дон Iус Ростов къалэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстэным, нэгъуэщIхэми я спортсмену 200-м щIигъу.

Мыхьэнэ зиIэ лъэмыж

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Прохладнэ – Елъхъуэт автомобиль гъуэгум хуэзэу тэрчыпсым деж телъ лъэмыжыр къагъэщIэрэщIэж мы махуэхэм.

Зэреджэм хуэдэурэ зрагъасэ

IэщIагъэ щрагъэгъуэт курыт еджапIэхэм я студентхэмрэ школакIуэхэмрэ я зэхьэзэхуэ нэхъыщхьэм - «Профессионалы-2026» чемпионатым - и щIыналъэ Iыхьэр щекIуэкIащ ди республикэм.

Уафэр щымыджэмыпцIэу

Тхьэхэм я хъуэхъум и гур хегъахъуэри, Мардыкъуэ мэхъуапсэ телъыджэ гуэр къигъэщIыну. Ар Уэтхьэ деж макIуэри, игу илъыр хуеIуатэ:

Ухуэныгъэхэр

Школ зэпэщ яIэнущ

Бахъсэн районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм и курыт еджапIэ №-1-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ «Школхэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ программэм хыхьэу.

1958 гъэм яухуауэ щыта еджапIэр зыхуей зэрыхуагъазэу абы щIэс ныбжьыщIэ 700-м нэблагъэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я Iуэхур нэхъ тынш хъунущ икIи иджырей мардэм къитIасэ, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ школ яIэнущ.

Доныжь цIыкIу и бжэнибгъур

Адыгэ хъыбархэмрэ таурыхъхэмрэ гъэщIэгъуэну къыщыгъэлъэгъуащ мэз, унагъуэ псэущхьэхэр. Ахэр мэпсалъэ, бзаджагъэ йокIуэ, зэпоуэ. Псэущхьэхэм я хьэл-щэнхэмкIэ къызэпкърыха мэхъу фIымрэ Iеймрэ, насыпым, къулеягъэм, нэгъуэщI хъугъуэфIыгъуэхэми я Iэмалхэр. ДАДЭ Адэлбий итхыжахэм ящыщщ «Доныжь цIыкIу и бжэнибгъур» хъыбарыр. ЩIагъыбзэ гъэщIэгъуэн хэлъщ мыбы лъэщагъым, акъылым, IэкIуэлъэкIуагъэм теухуауэ.

ГЪУЭТ Синэ.

Зэманым егъэунэху

Абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ быдэу зэпыщIауэ, зэхущытыкIэ дахэ яIэу къызэрыгъуэгурыкIуэм дэтхэнэри дыщыгъуазэщ. Тхыдэ тхылъхэм къыхощыж XIII-XVIII лӏэщӏыгъуэхэм адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зы лъэпкъ щэнхабзэ яIэу, зэхуэдэ тхьэхэр я фӏэщ хъууэ, щыгъын зэщхь ящыгъыу щытауэ. Iуэху къызэрыгуэкI хуэдэуи щытт абхъазым адыгэбзэр уэрсэру ищIэмэ. Кавказ зауэм (1763-1864 гъгъ.) и лъэхъэнэми абхъаз куэд адыгэхэм къагуэту зэуат.

Куэдым хуэIущт

Мы махуэхэм къызэралъхурэ илъэс 95-рэ хъу адыгэ тхакIуэ, журналист Даур Жэхьфар и цIэр дунейм къытринащ цIыхугъэм, адыгагъэ нэсым, Iэдэбагъым, гушыIэ дахэм епхауэ. Дунейм тетыху емызэшу и гуащIэ хилъхьащ бзэр, хабзэр хъумэным, адыгэ литературэм и зыужьыныгъэм псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьащ.

Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ и журналист, Совет Союзым и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэта лIы щыпкъэр КъШР-м къыщыдэкI «Черкес хэку» газетым илъэс 52-кIэ щылэжьащ ар, нэгъабэ дунейм ехыжащ.

НОБЭ

Мазаем и 24, гъубж

♦1915 гъэм къалъхуащ драматург, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Щхьэгъэпсо Мухьэмэд.

♦1942 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Алшагъыр Борис.

♦1958 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Ерчэн Темболэт.

Дунейм и щытыкIэнур