|
|
Календарь событий
25 февраля 2026
25 февраля, 2026 - 18:50
КIыщ Аслъэнбэч япэщ
Урысей Федерацэм тэмэму зэхэзымых спортсменхэм я деж алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Орел къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 17-м я спортсмен 70, я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм щыIащ КIыщ Аслъэнбэч икIи килограмм 72-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыщэ медаль къыщихьащ.
Ди щIалэм и тренерхэр КIыщ Муратрэ Къардэн Анзоррэщ.
Боксер цIэрыIуэм и щIыхькIэ
25 февраля, 2026 - 16:48
2026 гъэм МСП Корпорацэм худэчых зыхэт лизингыу сом меларди 3,I5-м нэблагъэ щIыхуэу иритынущ къэралым и хьэрычэт IэнатIэ мащIэм. Ахъшэр къыIах хъунущ оборудованэ, техникэ, продукцэхэр къыщIэзыгъэкI, абыхэм елэжьхэмрэ промышленность псынщIэмрэ я IуэхущIапIэхэм.
Абыхэм къадэкIуэу, УФ-м къыхыхьэжа щIыналъэхэм туризмэмрэ медицинэмкIэ, щIэныгъэмрэ спортымкIэ я IэнатIэхэми зыщIагъэкъуэнущ. Мыдрейуэ, 2030 гъэ пщIондэ хьэрычэт IэнатIэ мащIэм худэчых зыхэт лизингыу псори зэхэту сом мелард 18-м нэблагъэ иратынущ.
25 февраля, 2026 - 15:00
Къэбэрдей литературэр зэфIэувэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа тхакIуэщ ЩоджэнцIыкIу Алий. Абы и IэдакъэщIэкIхэрщ лъэпкъ литературэр гъуэгуанэщIэ тезыгъэувари зыужьыныгъэм хуэзышари. УсакIуэ гъуэзэджэр зымыцIыху, абы и тхыгъэхэм щымыгъуазэ яхэтын хуейкъым ар къызыхэкIахэми. КъищынэмыщIауэ, ЩоджэнцIыкIум и зэфIэкIыр, и гуащIэр зыхуэдэм щыгъуазэщ нэгъуэщI лъэпкъхэм къыхэкIахэри. Абы и щыхьэтщ Алий теухуауэ цIыху щэджащэхэм жаIауэ тхыдэм къыхэнахэр.
25 февраля, 2026 - 14:53
Самбэм зэхуешэс

Къэбэрдей-Балъкъэрым самбэмрэ зэзауэ зыхэт самбэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Шэджэм къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ республикэм и командэу 8, псори зэхэту спортсмен 200-м нэблагъэ.
25 февраля, 2026 - 14:38
Адыгэбзэр фIыуэ елъагъу, лъэпкъ тхыдэм дехьэх Умар Анзор. Тэрч щIыналъэм, Курп Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ, и IэщIагъэкIэ юристщ. Мы зэманым Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIэщ. ЩIалэм адыгэбзэкIэ усэхэр етх Хэкум, анэм, къуажэ гъащIэм, лъэпкъым теухуауэ.
25 февраля, 2026 - 12:26
КъБР-м и цIыхубэ артист, Урысей Федерацэмрэ Санкт-Петербургрэ я Композиторхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, композитор, пианист, дуней псом и цIыху цIэрыIуэхэм ядэлажьэ Къэбэрдокъуэ Мурат лъэпкъыр дызэрыгушхуэхэм ящыщщ.
25 февраля, 2026 - 12:00
XXI лIэщIыгъуэр технологие зэхъуэкIыныгъэшхуэхэм я лъэхъэнэу жыпIэ хъунущ, цIыхум и гъащIэм лъэныкъуэ куэдкIэ лъэIэсауэ. ХъыбарегъащIэ Iэмалхэм, медицинэм, энергетикэм, транспортым щIэуэ къыхыхьахэм дунейр яхъуэжащ, жылагъуэм, экономикэм, щэнхабзэм я къэкIуэнур яубзыхуу.
25 февраля, 2026 - 11:18
Студентхэр еджэным тегъэгушхуэным, я къэухьым зегъэужьыным, я зэфIэкIым хэгъэхъуэным теухуа егъэджэныгъэ Iэмал куэд къыщагъэсэбэп ди университетым. Иджырей технологиехэр и лъабжьэу, щIэуэ къежьэ Iэмэпсымэхэр къагъэIэрыхуэу унэтIыныгъэ куэдым хуагъасэ. IэщIагъэм къыдэкIуэу, щIэныгъэм дихьэххэми зыщаужьын щIыпIэ хэхахэр и куэдщ КъБКъУ-м. Абы папщIэ ехъулIэныгъэ инхэр зиIэ IэщIагъэлIхэр, зыпэрыхьа Iуэхур ипэкIэ игъэкIуатэу лажьэ къулыкъущIэхэр кърагъэблагъэурэ студентхэм лекцэ къыхурагъаджэ.
25 февраля, 2026 - 07:41
Мазаем и 25, бэрэжьей
1946 гъэм Дзэ Плъыжьым зэреджэр Советыдзэ жиIэу зэрахъуэкIащ.
1916 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБКъУ-м и япэ ректору щыта Бэрбэч ХьэтIутIэ.
1930 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIуэкIуэ Джэмалдин.
|