|
|
Календарь событий
27 февраля 2026
27 февраля, 2026 - 17:56
ЗекIуэм и пэщIэдзэм кIэщIу дытепсэлъыхьынщи, Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ дыкъыщежьэри, Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэкIэ иужьрей дыдэу узыщыхуэзэ Гъуазэрыплъ къуажэм гуп цIыкIур дынэсащ. Абдежым дызыщыхуэза фэху Iэхуитлъэхуитым нэху дыкъыщекIри, махуэщIэм и пщэдджыжьыпэм дыкъыIукIащ.
27 февраля, 2026 - 16:32
«Зауэм и бынхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Налшык къалэм щиIэ и къудамэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа и зэхыхьэм щыхэплъэжащ иужьрей илъэситIым яхузэфIэкIам. Зэхуэсахэр етIуанэ Iуэхугъуэу зыхэплъар къудамэм и правленэмрэ абы и унафэщIымрэ хэхынырщ.
27 февраля, 2026 - 15:54
ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, зи анэдэльхубзэр нэгъэсауэ фIыуэ зыщIэу щыта Къэрмокъуэ Хьэмид тхыгъэ куэди зэридзэкIащ ди тхыдэм теухуауэ. Абыхэм язщ Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корресподент Лонгворт Джеймс 1837 гъэм Шэрджэсым къакIуэу адыгэхэм зы илъэсым щIигъукIэ яхэса нэужь, и гукъэкIыжхэр иту къыдигъэкIауэ щыта тхылъыр.
Щыгъуазэ фыдощI а тхыгъэм къыхэтха пычыгъуэм, зэрыжытIащи, Къэрмокъуэ Хьэмид зэридзэкIауэ.
27 февраля, 2026 - 12:26
ХъыбарегъащIэ Iэмалхэм сыт хуэдэу замыужьами, кином театрыр зэрыхуIумыгъэкIуэтам хуэдэу, радио лэжьакIуэм и IэщIагъэри ди гъащIэм хэтщ мыхьэнэ мымащIэ игъэзащIэу. Псом хуэмыдэу ар тыншщ нэхъыжьхэм я дежкIэ: унагъуэ Iуэху здагъэзащIэм хъыбархэм зыщагъэгъуэзэф, макъамэ гурыхьхэм йодаIуэ.
27 февраля, 2026 - 12:26
Хъыбарыжьхэр (абыхэм тхыдэжькIи еджэу урохьэлIэ) IуэрыIуатэм и зы жанру зэрыщытым шэч хэлъкъым; лIэщIыгъуэ Iэджэм къыкIуэцIрыкIащ абыхэм я нэхъыбапIэр, ди лъэпкъымрэ ди лъахэмрэ я нэгу щIэкIа бэнэныгъэм, гугъуехьхэм, псэзэпылъхьэпIэ дакъикъэхэм я тхыдэ пэлъытэу. УапкърыплъыхьыIуэмэ, дэтхэнэ хъыбарыжьми къыхэбгъуэтэнущ зэгуэр дунейм тета цIыху гуэрым и лъэужь. Пэжщ, зэман кIыхьым а хъыбарым таурыхъ теплъэ щритри мащIэкъым, итIани абы и купщIэр къызэтонэ, иужькIэ сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэ халъхьэми. Аращ адыгэ хъыбарыжьхэм я нэщэнэ нэхъыщхьэр - тхыдэм и пэжыпIэкIэ зэрыгъэнщIарщ.
27 февраля, 2026 - 11:02
Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, уней, фермер IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту мэкъумэш продукцэу къыщIагъэкIащ, зэкIэ къызэрабжамкIэ, сом меларди 126,7-рэ и уасэ е 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 103,7-кIэ хуэкIуэу.
Мэкъумэш продукцэу псори зэхэту республикэм къыщалэжьам и процент 61,3-р мэкъумэш къэкIыгъэхэм яубыдащ, процент 38,7-р – Iэщ гъэхъун IэнатIэм. КъищынэмыщIауэ, а псом щыщу мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я Iыхьэр зэрыхъур процент 33,3-рэщ.
27 февраля, 2026 - 10:01
Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш классу иджыри 10 мы гъэм къыщызэIуахынущ. Иджыпсту абы хагъэхьэну школхэм я спискэхэр ягъэхьэзыр икIи еджакIуэхэм физикэ, химие, билогие, математикэ дерсхэр куууэ абыхэм щрагъэджынущ.
ИпэIуэкIэ хъыбар зэрыщыIащи, нэгъабэ и фокIадэм щегъэжьауэ республикэм и курыт еджапIэхэм щыщу плIым мэкъумэш классхэр щолажьэ. Абыхэм щоджэ 7 - 11-нэ классхэм хэс еджакIуэу 150-рэ.
27 февраля, 2026 - 09:00
Мазаем и 27,мэрем
Мыщэ хужьым и дунейпсо махуэщ
Правительствэм и нэIэ щIэмыт зэгухьэныгъэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм щытыкIэ хэхам деж къагъэсэбэп и къарухэм я махуэщ
1945 гъэм Мэсей Аслъэнджэрий «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащащ.
1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс сурэтыщI Мэзукъэбз Хьэзрэт.
|