|
|
Календарь событий
02 марта 2026
2 марта, 2026 - 15:43
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым архитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым щеджэхэр иджыблагъэ Краснодар къалэм къыщызэрагъэпэща архитектурэ зэпеуэм хэтащ.
2 марта, 2026 - 15:16
Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъабэ щызэщIакъуэжа пхъэщхьэмыщхьэмрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмрэ я Iыхьэ плIанэр Бахъсэн щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм къалъос, жиIащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым, районым и жыг хадэгъэкIхэм иджыблагъэ щаIущIам.
2 марта, 2026 - 13:11
Мазаем и 21-м ди къэралым щагъэлъапIэ Экскурсоводым и дунейпсо махуэр. Абы ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым МенеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэ индустриемкIэ и институтым экскурсие гъуэгухэмкIэ зэпеуэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. «ХьэщIэщ Iуэху», «Туризм» унэтIыныгъэхэм, абы пыщIа IэщIагъэхэм щыхурагъаджэ къудамэхэм я студентхэм лэжьыгъэ 25-м щIигъу кърагъэхьат зэхьэзэхуэм, ауэ кIэух Iыхьэм нэсар проектибл къудейщ.
2 марта, 2026 - 13:09
Лъэпкъ балладэм иIэ щхьэхуэныгъэхэм теухуауэ щIэныгъэ тхыгъэ гъэщIэгъуэн иIэщ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къэжэр Иннэ. Абдеж абы щызэпкърех ди адыгэ тхакIуэхэм я балладэхэр. Апхуэдэу Къэжэрыр зытетхыхьахэм ящыщщ Къэжэр Хьэмид и IэдакъэщIэкIхэри.
2 марта, 2026 - 13:05
МСП Корпорацэм и нэIэ щIэту лажьэ ШэсыпIэ лъэпкъ фондым и Iэмалхэр къагъэсэбэпу Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ сом мелард 42,6-м нэблагъэ я лэжьыгъэм нэгъабэ къыщагъэсэбэпащ. Абы ипэ ита илъэсым нэхърэ проценти 7-кIэ нэхъыбэщ ар.
«Къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр етынымкIэ Кавказ Ищхъэрэр япэ игъэщыпхъэщ. Абы и щIыналъэхэм я хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ ди нэIэ ятедгъэт зэпытщ, сыту жыпIэмэ, щIыпIэ экономикэм зегъэужьыным ахэр лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къыщыхохьэ, лэжьыгъэ IэнатIэхэр куэду къыщызэрагъэпэщ.
2 марта, 2026 - 13:02
Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту лырэ джэдкъазылу (псэууэ шэчауэ) тонн мин 44,7-рэ нэгъабэ къалэжьащ икIи абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ процент 13-кIэ ар нэхъыбэщ.
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу республикэм и щIыналъэхэм ящыщу хэхъуэу нэхъыбэ къэзыгъэлъэгъуар Шэджэм (процент 35,7-рэ), Аруан (процент 15,5-рэ), Прохладнэ (12,6-рэ), Тэрч (проценти 2,8-рэ) районхэрщ.
2 марта, 2026 - 13:00
УФ-м и Правительствэм и къалэн нэхъыщхьэхэм хохьэ мэкъумэшыщIэхэм защIэгъэкъуэнымрэ мэкъумэш техникэ паркхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ. Абы къыхэкIыу, 2026 гъэм ахэр зыхуэныкъуэну машинэхэмрэ обрудованэхэмрэ къращэхун, абы и уасэр зэрыхудачых лизинг IэмалкIэ иужькIэ иратыжын папщIэ, къэралым и бюджетым сом мелардитI къыхэкIынущ. Апхуэдэ унафэм Iэ щIидзащ Мишустин Михаил.
2 марта, 2026 - 12:57
(Псысэ)
Интернетыр къызэрытщхьэпэхэм язщ лъэпкъ куэдым я литературэм, цIыхухэм я гупсысэкIэм, дуней тетыкIэм дызэрыщигъэгъуазэр. Ущие дахэрэ гупсысэкIэ гъэнщIа тхыгъэм фыщыдгъэгъуэзэнращ мы тхыгъэр зэддзэкIыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар.
ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэту лэжьапIэ хъарзынэхэри зыIэрызыгъэхьэжа щIалэгъуалэ гуп я егъэджакIуэу щытам деж кIуащ лъагъунлъагъу. Щхьэж и Iуэху зэрыдэкIым чэзууэрэ тепсэлъыхьащ, ауэрэ зыIууэ гугъуехьхэри абыхэм къаIуэтэн щIадзащ.
2 марта, 2026 - 12:54
«Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэр гъэзэщIэным пещэ, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэмрэ хэкIуэда лIыхъужьхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ пщIэншэу къахузэрегъэпэщ санаторэхэмрэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэныр.
НобэкIэ цIыху 700-м щIигъум ялъэIэсащ фондым и дэIэпыкъуныгъэр.
2 марта, 2026 - 12:00
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым 2026 гъэм, апхуэдэу 2027, 2028 гъэхэм ятещIыхьа и бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
2 марта, 2026 - 11:58
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм юридическэ дэIэпыкъуныгъэр пщIэншэу къызэрыщызэрагъэпэщым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
2 марта, 2026 - 11:55
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэрырагъэгъуэтымрэ щIэныгъэмрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ советым теухуа советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм фокIадэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №126-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и
УКАЗ
2 марта, 2026 - 11:51
Гъатхэпэм и 2, блыщхьэ
♦МафIэдзым и дунейпсо махуэщ
♦1920 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 7 - 8, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
|