|
|
Календарь событий
03 марта 2026
3 марта, 2026 - 16:00
УсакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн «Гурылъ темыпыIэхэр» зыфIища и тхыгъэ кIэщIхэм гурыщIэ дахэ, къабзэ къыщыгъэлъэгъуащ. Абыхэм гупсысэ куу ящIэлъщ, цIыхум и гум щыщIэр къыщыгъэлъэгъуащ, жыпIэнурамэ, дэтхэнэ зы тхыгъэри гъащIэм и джэрпэджэжщ. Апхуэдэуи а гурылъхэр бзэ къулейкIэ икIи шэрыуэкIэ къиIуэтащ.
Тхьэхущынэ Ланэ.
* * *
3 марта, 2026 - 15:00
Урысей Федерацэм боксымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фархутдинов Виктор я пашэу тренер гуп иджыблагъэ щыIащ Щхьэлыкъуэ къуажэм и спорт базэм. ХьэщIэхэм зрагъэлъэгъуащ нэгъабэ а жылэм къыщызэIуаха, спорт лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ -гимнастикэмкIэ, боксымкIэ, дзюдомкIэ, нэгъуэщIхэмкIи - зэхьэзэхуэхэр щебгъэкIуэкI хъуну комплексымрэ волейболым, футболым, баскетболым хуэщIа стадионымрэ, ахэр Iэмэпсымэхэмрэ оборудованэхэмкIэ къызэрызэгъэпэщар.
3 марта, 2026 - 13:24
Хэкупсагъэр щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ яхэлъхьэным, къэралым ис цIыхухэр къыщалъхуа щIыналъэм хуэпэжу псэуным теухуа Iуэхугъуэ мин 43-м щIигъу иригъэкIуэкIащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондыр къызэрызэрагъэпэщрэ.
3 марта, 2026 - 13:16
Анэдэлъхубзэхэм я дунейпсо махуэм хуэгъэпса «Лъэпкъыр зымыгъэкIуэдыр и бзэрщ» Iуэхугъуэр щрагъэжьащ КъБКъУ-м. Ар къызэрагъэпэщащ ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ адыгэ щэнхабзэмкIэ центрымрэ Отаров Керим и цIэкIэ щыIэ балъкъэр щэнхабзэмкIэ центрымрэ.
3 марта, 2026 - 13:05
«ТхакIуэхэм я дунейпсо махуэ» зыфIащар 1986 гъэ лъандэрэ ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм ягъэлъапIэ. Литераторхэм, редакторхэм, журналистхэм, тхакIуэхэм, тхылъеджэхэм гулъытэ хэха щыхуащI махуэр гъатхэпэм и 3-м трагъэхуащ.
3 марта, 2026 - 12:02
Портновэ Зинаидэ Ленинград къыщалъхуащ 1926 гъэм мазаем и 20-м. И адэр заводым щылажьэрт, и анэр хъыджэбзитIым – Зинэрэ Галинэрэ - якIэлъыплъырт. Гъэмахуэр къызэрысу, зэшыпхъуитIыр Витебск областым хиубыдэ Зуи къуажэ цIыкIум я анэшхуэм и деж кIуэрт зыгъэпсэхуакIуэ. А щIыпIэращ Зинаидэ псэзэпылъхьэпIэ щихуари…
3 марта, 2026 - 11:51
Медаль 19 къахь
Кавказ Ищхъэрэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Владикавказ къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Зэхьэзэхуэм хэтащ КИФЩI-м и спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 400-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуауэ. Апхуэдэуи, абы щекIуэкIащ зэзауэ зыхэт самбэмкIэ зэпеуи.
3 марта, 2026 - 11:16
Урысей Федерацэм пхъэщхьэмыщхьэ жыгыщIэхэмрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу хасэмрэ я куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэралым и щIыналъэ нэхъыфI
3 марта, 2026 - 10:48
Нобэ дигу къыдогъэкIыж гъущIхэкIхэм, мывэхэкIхэм адыгэбзэкIэ зэреджэр, псэущхьэхэм я макъхэр къызэрагъэлъагъуэр.
Псэущхьэхэм я макъхэр:
Номиныр - мэIурыбжэ, мэкIий, мэгъуахъуэ - обезьяна ворчит, орет, ревет.
Пылыр - мэгъуахъуэ - слон трубит.
Благъуэр - IукIэ маджэ - крокодил издает утробные звуки.
Аслъэныр, къаплъэныр - мэгъуахъуэ - лев, тигр рычат.
Мыщэр - мэгурым, мэгъуахъуэ - медведь ворчит, ревет.
Блэр - щIофие - змеи шипят.
Бгъэр, псэущхьэшх бзухэр - маджэ - хищные птицы издают клёкот.
3 марта, 2026 - 10:30
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм и зэхэлъыкIэу мы унафэм щIыгъур къэщтэн.
2. Къару имыIэжу къэлъытэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 202I гъэм гъатхэпэм и 9-м къыдигъэкIа унафэ №26-РГ-м.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2026 гъэм мазаем и 6-м
№23-РГ
3 марта, 2026 - 10:00
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм фэтэр куэду зэхэту щыIэ унэхэм хиубыдэ мылъку зэхэлъыр капитальнэу зэгъэпэщыжыныр къызэрызэрагъэпэщым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 9-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
3 марта, 2026 - 09:00
Гъатхэпэм и 3, гъубж
♦ТхакIуэм и дунейпсо махуэщ
♦ЩIыуэпс къабзэм и дунейпсо махуэщ
♦Сабийхэм яхуэгъэза нэтынхэр зыгъэхьэзыр телевиденэмрэ радиомрэ я дунейпсо махуэщ
♦ТхьэкIумэм и узыншагъэм кIэлъыплъыным и дунейпсо махуэщ
♦1921 гъэм къалъхуащ КъШР-м щыщ къэрал, политикэ лэжьакIуэ, щIэныгъэлI Къардэн Зэмахъшэрий.
|