Календарь событий

04 марта 2026

ЩIыпIэ дэгухэм я махуэ

ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и махуэу гъатхэпэм и 3-р ягъэувынымкIэ унафэр къыщащтар ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2013 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м иригъэкIуэкIа и зэхуэсыщхуэрщ. 

ПэхуэщIэхэм пащэ

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Прохладнэ къалэм и коммунальнэ инфраструктурэм мыхьэнэ нэхъ ин щызыубыд, псы къабзэр зэрызэбгратыкI бжьамийхэр къагъэщIэрэщIэж. 

Зэманыр щыткIийми, цIыхугъэр яхуэхъумэрт

Адыгэхэм апхуэдизкIэ тхыдэ куу яIэщ, ар лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIащи, сыт хуэдэ зэманми ди лъэпкъым къытетхыхьу, ар яфIэтелъыджэрэ, яфIэгъэщIэгъуэну щытащ. Абыхэм я щапхъэ зыбжанэ къыдохь зэддзэкIауэ.

Зыужьыныгъэм хуэщIауэ

ПсэукIэр ефIэкIуэнымкIэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм мыхьэнэшхуэ ягъэзащIэ. Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр къапщтэмэ, абы ипкъ иткIэ лэжьыгъэ хъарзынэ щызэфIагъэкI. Апхуэдэу щIыналъэм медицинэ IуэхущIапIэщIэхэр щаухуащ, куэдым зэгъэпэщыжыныгъэхэр щрагъэкIуэкIащ, а лэжьыгъэм адэкIи къыпащэ.

Гур зыкъута гъатхае

Къуэш пэлъытэу къыддэпсэу балъкъэр лъэпкъым и дежкIэ 1944 гъэм и гъатхэпэм и 8-р гур зыкъутэ махуэу къыщIэкIат. Абыхэм я щхьэ кърикIуа гузэвэгъуэ инт абы щыгъуэ хамэщIым зэрагъэIэпхъуар. А махуэм щIидзэри илъэс 13-м щIигъукIэ псэуащ ахэр, я хэку-анэм пэIэщIэу, бэлыхьрэ хьэзабу куэд яшэчу. Гугъу ехьу хамэ щIыналъэхэм щыIа балъкъэр унагъуэхэм ящыщу мащIэтэкъым адыгэ благъэрэ Iыхьлырэ зиIэхэр: зы жылэ, зы щIыналъэ исхэр зэрыцIыхурт, зэдэпсэурт, зэдэлажьэрт. Ди газетым и щIэджыкIакIуэ икIи и ныбжьэгъуфI Лыхь Людмилэ и анэшхэр балъкъэрт.

Нэгъабэрейм къыкIэроху

2026 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щаухуащ псэупIэу псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 49,7-рэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 36,7-кIэ нэхъ мащIэщ ар, къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм.

 

Ди зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ творческэ лIыкIуэхэр хэтащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр Белгород областым къыщыщызэIуах гуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэм.

Къалэм уиутIыпщыркъым

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2026 гъэм зэIузэпэщ ящIынущ Шэджэм щIыналъэм цIыхухэр куэду щызэхуэс, зыщагъэпсэху и щIыпIэхэр.

Тхыдэ музейм щахъумэ хьэпшыпхэр

Шэрэдж щIыналэм хыхьэ Аушыджэр къуажэм, Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу, Къардэн зэкъуэшхэу Къубэтийрэ Къэбардэрэ я цIэр зезыхьэ и курыт еджапIэм илъэс 40 ипэкIэ къыщызэIуахауэ щытащ музей. Шэрэдж щIыналъэм и мызакъуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэшхуэ зиIэ и тхыдэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм ящыщу къалъытэ ар.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм иУказ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Наркотикым пэщIэтынымкIэ и комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 30-м къыдигъэкIа Указ №101-УГ-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм иУказ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Наркотикым пэщIэтынымкIэ и комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

НОБЭ

Гъатхэпэм и 4, бэрэжьей