Календарь событий

08 марта 2026

Бэлыхьыр ядигъэващ

«ЦIыху жумартыр и гъу­нэгъущ Алыхьым, и гъу­нэгъущ цIыхухэми, и гъу­нэ­гъущ жэнэтми, пэжыжьэщ жы­хьэнмэм и мафIэм. ИкIи щIэныгъэншэ жумарт цIы­хур нэхъыфIщ, Алыхь ины­м­кIэ, ислъам динымкIэ щIэ­ны­гъэ зыбгъэдэлъ цIыху быдэм нэхърэ». Мухьэмэд бегъымбарым и хьэдисхэм языхэзу щыт мы псалъэхэр зыхуэпхь хъуну цIыху куэд щыIэщ. Апхуэдэ цIыху жумартхэм ящыщу дунейм тетащ Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм дэса Мэкъуауэ ХьэщIымахуэ ­ипхъу Шэризад.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и бзылъхугъэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ! ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэ къэблэгъамкIэ си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу!

А гъатхэ махуэшхуэ дахэр къыддогуашэ гурыщIэ нэху­хэмкIэ, и гуапагъэр зыхыдегъащIэ. Абы щызэхэухуэнащ ди жьэгу пащхьэхэм хуабагъэ зэрыдэлъым, IэнатIэ зэмы­лIэужьы­гъуэхэм щызыIэрывгъэхьэ ехъулIэныгъэшхуэхэм, республикэм зегъэужьыным къыпхуэмылъытэным хуэдиз хэлъхьэ­ныгъэ инкIэ фызэрыхэувэм папщIэ фхуэтщI пщIэшхуэри ди гум къыбгъэдэкI фIыщIэри. Абыхэм къа­дэкIуэу, махуэ къэс фи пщэм къыдэхуэ къалэн мытынш-хэм щхьэкIи къэмынэу, сыт щыгъуи гуакIуэу фыкъонэж. ­ Дэ апхуэдэуи тфIэгъэщIэ­гъуэну дрогушхуэ дыкъэзыухъуреихь дунейр нэхъ дахэ, гуапэ зэрыфхуэщIри.

Бгыхэр щымщ, ауэ ящIэж…

Гъатхэпэм и 8-м дуней псом ЦIыхубзхэм я махуэр щагъэ­лъапIэми, балъкъэрхэм дежкIэ ар фэеплъ махуэщ - лъэп­къыр я хэкум щрагъэкIар ягу къагъэкIыж.

КъызэфIагъэщIакъым гугъуехьхэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм щыпсэухэм зэрызахуигъазэр