Дунейм ехыжар ящымыгъупщэмэ, щIэх-щIэхыурэ ягу къагъэкIыжмэ, апхуэдэ цIыхур псэущ жаIэ. А лIым теухуауэ щытхъуу къапсэлъам хуэдиз зыхужаIауэ зэхэсхар зырызыххэщ журналист IэщIагъэм сызэрырилажьэ лъандэрэ. Зи гугъу сщIыр Хьэтуей къуажэм къыщалъхуа Бесчокъуэ Щыхьмырзэ Батырбий и къуэрщ.